bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 21
Revelation 21
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 22 →
1
УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ слъэгъуащ итӀанэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей уафэри япэрей щӀылъэри щыӀэжкъым, хыри щыӀэжкъым.
2
Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.
3
Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ.
4
Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.
5
Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ: – Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь. – Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.
6
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
7
ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ.
8
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
9
Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ: – Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.
10
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы.
11
А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар.
12
Къалэм куэбжэ пщыкӀутӀ зыхэт блын лъагэшхуэ иӀэт. Куэбжэхэм мелыӀыч пщыкӀутӀ Ӏутт. Куэбжэхэм израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.
13
Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи куэбжищ, дыгъэ къухьэпӀэмкӀи куэбжищ, ипщэкӀи куэбжищ, ищхъэрэкӀи куэбжищ хэлът.
14
А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.
15
Сэ къызэпсэлъа мелыӀычым къалэр, къалэм и куэбжэхэр, и блыныр къипщын щхьэкӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ къызэрапщ баш иӀыгът.
16
Къалэм и кӀыхьагъри и бгъуагъри зэхуэдизт. МелыӀычым и пщалъэ башымкӀэ къалэр къипщащ. Къалэм и кӀыхьагъыр стадие мин пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт. И бгъуагъри и лъагагъри и кӀыхьагъым хуэдизт.
17
МелыӀычым блыныр къипщащ. ЦӀыхухэм къызэрапщым хуэдэу, мелыӀычым къыщипщым, блыным и бгъуагъыр ӀэфракӀищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт.
18
Блыныр яспис зи цӀэ мывэ хужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат. Къалэр абджым и къабзагъэм хуэдэ къабзагъэ зиӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀат.
19
Къалэм и блын лъабжьэхэри мывэ лъапӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ягъэщӀэрэщӀат. Япэрей лъабжьэр яспис зи цӀэ мывэ жужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат; етӀуанэрейр сапфир мывэ щхъуантӀэм къыхэщӀыкӀат; ещанэрейр халкидон мывэ къуэлэным къыхэщӀыкӀат; еплӀанэрейр смарагд мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат;
20
етхуанэрейр сардоникс мывэ къуэлэн лыдым къыхэщӀыкӀат; еханэрейр сардолик плъыжь-морафэм къыхэщӀыкӀат; ебланэрейр хризолиф мывэ гъуэжьым къыхэщӀыкӀат; еянэрейр вирил мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат; ебгъуанэрейр топаз мывэ гъуэжьыбзэм къыхэщӀыкӀат; епщӀанэрейр хрисопрас мывэ удзыфэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀузанэрейр гиацинт мывэ щхъуантӀэ-фыцӀафэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀутӀанэрейр аметист мывэ плъыжь-фӀыцӀафэм къыхэщӀыкӀат.
21
Куэбжэ пщыкӀутӀыр налкъутналмэс пщыкӀутӀт: дэтхэнэ куэбжэри зы налкъутналмэсым къыхэщӀыкӀат. Къалэм и уэрамыр дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀат, абджыпсым хуэдэу узэпхрыплъу.
22
Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапӀэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэм щхьэкӀэ, а къалэр Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым.
23
А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ.
24
Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ.
25
Абы и куэбжэхэр ягъэбыдэнукъым махуэм, жэщым жыпӀэнущи, абы жэщ щыхъунукъым.
26
Лъэпкъхэм я щӀыхьышхуэрэ я лъытэныгъэшхуэрэ а къалэм къыдахьэнущ.
27
Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.
← Chapter 20
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 22 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22