bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 17
Revelation 17
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 18 →
1
Фалъиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Моуэ къакӀуэ, псы куэдым я Ӏуфэм Ӏус псэжьышхуэм Тхьэм трилъхьэну тезырыр уэзгъэлъагъунущ.
2
Дунейм и пащтыхьхэм а псэжьым зинэ дащӀащ икӀи щӀылъэм тетхэри абы и зинэ фадэкӀэ удэфащ.
3
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым губгъуэ нэщӀым сишащ абы и ужькӀэ. Абы щыслъэгъуащ хьэщхьэвылъэ плъыжь-фӀыцӀафэм тес цӀыхубз гуэр. А хьэщхьэвылъэм Тхьэм зэрыхущӀэбжэ цӀэхэр тезу тетт, щхьибли пытт, бжьакъуипщӀи тетт.
4
ЦӀыхубзыр зэрыхуэпар щыгъын плъыжьыбзэрэ плъыжь фӀыцӀафэрэт. ДыщэкӀи, мывэ лъапӀэхэмкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи гъэщӀэрэщӀат ар. Дыщэм къыхэщӀыкӀауэ фалъи иӀыгът гущыкӀыгъуэмрэ и зинэм и фӀеймрэ ярызу.
5
И натӀэми цӀэ гуэр тетхат: «Мыр щэхущ. Мыр Бабилэнышхуэу псэжь псоми щӀылъэм и гущыкӀыгъуэхэми я анэщ».
6
А цӀыхубзыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ Хьисэ щыхьэт хуэхъуахэмрэ ялъкӀэ удэфауэ слъэгъуащ. А цӀыхубзыр щыслъагъум, ину згъэщӀэгъуащ.
7
МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ абы щыгъуэ: – Сыт щӀэбгъэщӀагъуэр? ЦӀыхубзымрэ щхьибл зыпыт икӀи бжьакъуипщӀ зытет хьэщхьэвылъэу цӀыхубзыр зытесымрэ къикӀыр ныбжесӀэнущ.
8
Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.
9
– ЦӀыхухэм акъылыфӀагъэ ярыреӀэ. А щхьиблым къикӀыр цӀыхубзыр зытес бгиблыр арщ.
10
Абы нэмыщӀ, а щхьиблым къикӀыр пащтыхьиблыр арщ. А пащтыхьхэм ящыщу тхур къехуэхащ, зыр щыӀэщ, зыр иджыри къэкӀуакъым. Ар къэкӀуа нэужь, тепщэныгъэ куэдрэ иӀэнукъым.
11
Хьэщхьэвылъэу щыӀауэ иджы щымыӀэжым къикӀыр еянэ пащтыхьыр арщ. Ар пащтыхьиблым ящыщщ икӀи и кӀуэдыпӀэм мэкӀуэж.
12
– БжьакъуипщӀу плъэгъуам къикӀыр тепщэныгъэ зэкӀэ зымыгъуэта пащтыхьипщӀыращ. Ауэ абыхэм, хьэщхьэвылъэм и гъусэу, зы сыхьэт закъуэкӀэ пащтыхь тепщэныгъэ ягъуэтынущ.
13
Абыхэм я мурадыр зыщ, я лъэкӀыныгъэри я тепщэныгъэри хьэщхьэвылъэм иратынущ.
14
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.
15
МелыӀычым мыпхуэдэу къызжиӀащ итӀанэ: – Псэжьыр здэщыӀэ псы куэду плъэгъуам къикӀыр цӀыху гупышхуэхэри, къэралхэри, лъэпкъхэри, бзэхэри арщ.
16
УзыӀуплъа хьэщхьэвылъэмрэ бжьакъуипщӀымрэ псэжьыр жагъуэу ялъагъунущ. Абы иӀэ псори трахынурэ, пцӀанэу къагъэнэнущ. И пкъри яшхынущ, къэнари мафӀэкӀэ ягъэсынущ.
17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и мурадыр ягъэзэщӀэну абыхэм я гум кърилъхьащ: Тхьэм и псалъэхэр къэхъуу пэжу къыщӀэкӀыху, я мурадыр зыуэ зэдащӀэу, я тепщэныгъэр хьэщхьэвылъэм иратыну.
18
ЦӀыхубзу плъэгъуам къикӀыр къалэшхуэу дунейм и пащтыхьхэм тепщэныгъэ яхузиӀэр аращ.
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 18 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22