bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 6
Revelation 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 7 →
1
Щынэм мыхъуриблым ящыщу япэрейр зэрытричыр слъэгъуащ итӀанэ. ПсэущхьиплӀым ящыщу зым уафэгъуагъуэм и макъым хуэдэ макъкӀэ «КъакӀуэ!» жиӀэу зэхэсхащ абдежым.
2
Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Шым тесым шабзэ иӀыгът, мелыӀыч гуэрми абы таж иритащ. ТекӀуэныгъэр къэзыхьым хуэдэу, текӀуэныгъэр къихьыну ежьащ.
3
ЕтӀуанэ мыхъурыр щынэм щытричым, етӀуанэ псэущхьэми «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ.
4
НэгъуэщӀ шы гуэр, шы пцӀэгъуэплъ гуэр, къэхутащ абдежым. Абы тесым дунейм мамырыгъэр трихыну икӀи цӀыхухэр зэригъэукӀыну Тхьэм хуитыныгъэ къритащ. МелыӀыч гуэрми джатэшхуэ ӀэщӀилъхьащ абы.
5
Ещанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, ещанэ псэущхьэми, «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ. Сыщыплъэм, шы къарэ къэслъэгъуащ. Абы тесым тэрэзэ иӀыгът.
6
ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».
7
Абы и ужькӀэ, еплӀанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, еплӀанэ псэущхьэм и макъым «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ.
8
Сыщыплъэм, шыгъуэ къэслъэгъуащ. Абы тесым и цӀэр ЛӀэныгъэт. Хьэдрыхэ абы кӀэлъыкӀуэрт. Абыхэм джатэмкӀи, гъаблэмкӀи, уз зэрыцӀалэхэмкӀи, щӀылъэм и хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я дэӀэпыкъуныгъэкӀи цӀыхухэр ягъэлӀэну щӀылъэм и плӀанэм тепщэныгъэ хуаӀэ хъуащ.
9
Абы и ужькӀэ, етхуанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, цӀыхуу адрей цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм зэрыригъэдэӀуамрэ а псалъэхэм щыхьэтыгъэ зэрахуэхъуахэмрэ щхьэкӀэ яукӀахэм я псэхэр къурмэнщӀыпӀэм и щӀагъым щыслъэгъуащ.
10
Ахэр макъышхуэкӀэ къэджащ: «Уэ Зиусхьэн лъапӀэ икӀи щыпкъагъэ зиӀэ Зиусхьэн, ди лъыр зыгъэжауэ дунейм тет цӀыхухэм я хьэкумыр щатепщӀыхьынум икӀи яхуэфащэр щебгъэпшыныжынум сыт пщӀондэ дыпэбгъэплъэну?»
11
МелыӀыч гуэрым абыхэм ящыщ дэтхэнэми джанэ кӀыхь къритри, зытэлай загъэпсэхуну яжриӀащ, дунейм и цӀыхухэм ахэр зэраукӀам хуэдэу, абыхэм я гъусэу яукӀыну цӀыхуу Тхьэм хуэлажьэхэмрэ адрей къуэш яукӀынухэмрэ я бжыгъэр ирикъуху.
12
ИтӀанэ Щынэм еханэ мыхъурыр зэрытричыр слъэгъуащ. ЩӀылъэр хуабжьу хъеящ абы щыгъуэ, дыгъэри бжэныцым къыхэщӀыкӀа щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэ кӀыфӀ хъуащ, мазэри лъым хуэдэ плъыжь хъуащ.
13
Уафэм ис вагъуэхэри щӀылъэм къехуэхащ, жьышхуэ къыщепщэкӀэ, ахъуо жыгым пытхэр зэрыпылъэлъым хуэдэу.
14
ТхылъымпӀэ шыхьам хуэдэу уафэм зишыхьри, бзэхащ; бгы псори хытӀыгу псори я пӀэм икӀащ.
15
Дунейм и пащтыхьхэми, тепщэныгъэ зиӀэхэми, дзэпщхэми, бейхэми, къаруушхуэ зиӀэхэми, пщылӀхэми, щхьэхуитхэми бгъуэнщӀагъхэмрэ къурш ауз куухэмрэ зыщагъэпщкӀуащ.
16
Абыхэм бгыхэмрэ къыр дзакӀэхэмрэ жраӀащ: «ЗыкъыттефӀуби, тахътэм тесым девмыгъэлъагъу, Щынэм и губжьми дыщыфхъумэ.
17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр щыгубжь махуэшхуэр къэсащ икӀи абыхэм япэувын хэт зылъэкӀынур?»
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 7 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22