bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 7
Revelation 7
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 8 →
1
Абы и ужькӀэ щӀылъэм и къуапиплӀым мелыӀычиплӀ тету слъэгъуащ. Жьыр щӀыми хыми къыщемыпщэн, жыгми къемыуэн щхьэкӀэ, щӀылъэм и къуапиплӀым къикӀ жьыбгъэхэм пэувырт ахэр.
2
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр, гъащӀэ къыздикӀ Тхьэм и мыхъурыр иӀыгъыу, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Я ягъэ щӀымрэ хымрэ ирагъэкӀыну хуитыныгъэ зиӀэ мелыӀычиплӀым макъышхуэкӀэ яжриӀащ:
3
«Ди Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм я натӀэм мыхъурыр тедмыгъэуауэ, щӀыми, хыми, жыгхэми фи ягъэ евмыгъэкӀ!»
4
МелыӀычхэм мыхъурыр зытрагъэуа цӀыхухэм я бжыгъэр зэхэсхащ итӀанэ: израил и унагъуэ лъэпкъ псоми ящыщу мелыӀычхэм мыхъурыр зытрагъэуа цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт.
5
Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Реувен унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Гад унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;
6
Ашер унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Нафталый унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Менашэ унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;
7
Симеон унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Иссашкар унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ;
8
Зевулон унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Исуф унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ; Биниамин унагъуэ лъэпкъым щыщ цӀыху мин пщыкӀутӀым мыхъурыр трагъэуащ.
9
Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.
10
МакъышхуэкӀэ къэджащ ахэр: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр».
11
Тахътэм, тхьэмадэ нэхъыжьхэм, псэущхьиплӀым къеувэкӀауэ щытт мелыӀыч псори. Тахътэм и пащхьэм нэкӀукӀэ зыщрадзыхри, Тхьэр ягъэлъапӀэурэ, абыхэм жаӀащ:
12
«Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»
13
Тхьэмадэ нэхъыжьхэм ящыщ гуэр къызэупщӀащ итӀанэ: – Мы джанэ хужь кӀыхьхэр зыщыгъхэр хэт икӀи дэнэ къикӀа?
14
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.
15
Абы щхьэкӀэ Тхьэм и тахътэм и пащхьэм итщ икӀи жэщи махуи Тхьэм и унэшхуэм щӀэту Тхьэр ягъэлъапӀэ. Тахътэм тесри ядэпсэунущ.
16
ИгъащӀэкӀэ мэжэлӀэжынукъым, псыи хуэлӀэжынукъым. Дыгъэри хуабагъэшхуэри абыхэм къегуэуэжынукъым.
17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 8 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22