bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 8
Revelation 8
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 9 →
1
Ебланэ мыхъурыр Щынэм щытричым, сыхьэт ныкъуэ хуэдизкӀэ уафэм щым щыхъуащ.
2
Тхьэм и пащхьэм ит мелыӀычиблыр слъэгъуащ итӀанэ. МелыӀыч гуэрым бжьамиишхуибл абыхэм яритащ.
3
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм щхьэкӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀа удз гъэсылъэ иӀыгъыу къакӀуэри, къурмэнщӀыпӀэм и пащхьэм къиуващ. НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэрым мэ ӀэфӀ зыпих удз куэд а мелыӀычым къритащ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀуу тахътэм и пащхьэм щыт къурмэнщӀыпӀэм телъхэм яхигъэхъуэн щхьэкӀэ.
4
Мэ ӀэфӀ зыпих удзхэм я Ӏугъуэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я тхьэлъэӀухэм щӀыгъуу, мелыӀычым и Ӏэм къикӀри, Тхьэм деж дэкӀуеящ.
5
Абы и ужькӀэ мелыӀычым удз гъэсылъэр къищтэщ, къурмэнщӀыпӀэм и мафӀэм щыщ из ищӀри, щӀылъэм къридзыхащ. Уафэгъуагъуэ макъышхуэхэр къэӀуащ, уафэри къэхъуэпскӀащ, щӀылъэри къэхъеящ абы щыгъуэ.
6
Бжьамиишхуиблыр зыӀыгъ мелыӀычиблым абыхэм епщэну загъэхьэзыращ итӀанэ.
7
Япэрей мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. Уэи, мафӀи, лъыи зэхэту щӀылъэм къехащ асыхьэту. ЩӀылъэм и Ӏыхьэ щанэр пхрисыкӀащ, жыгхэм я Ӏыхьэ щанэр илыпщӀащ, удз щхъуантӀэ псори исащ.
8
ЕтӀуанэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэр зыщӀэна бгышхуэм хуэдэу, зыгуэр хым хэхуащ асыхьэту. Хым и Ӏыхьэ щанэр лъы хъуащ.
9
Хым хэс псэущхьэхэм я Ӏыхьэ щанэр лӀащ, кхъухьхэм я Ӏыхьэ щанэри хым щӀилъэфащ.
10
Ещанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. МафӀэ пхъэдзакӀэм хуэдэу, вагъуэшхуэ гуэр мафӀэ щӀэнауэ уафэм къехуэхри, псышхуэхэмрэ псынащхьэхэмрэ я Ӏыхьэ щанэм къыхэхуащ асыхьэту.
11
Вагъуэшхуэм и цӀэр Удз Дыджщ. Псыхэм я Ӏыхьэ щанэр дыдж хъуащ, а псы дыджым ефа цӀыху куэди лӀащ.
12
ЕплӀанэ мелыӀычри и бжьамиишхуэм епщащ. Дыгъэм и Ӏыхьэ щанэри, мазэм и Ӏыхьэ щанэри, вагъуэхэми я Ӏыхьэ щанэри ункӀыфӀащ асыхьэту. Абыхэм я нэхум и Ӏыхьэ щанэри кӀыфӀ хъуащ. Махуэм и Ӏыхьэ щанэмрэ жэщым и Ӏыхьэ щанэмрэ нэху хъуакъым.
13
Сыщыплъэм, уафэгум щызелъатэ мелыӀычыр макъышхуэкӀэ къаджэу зэхэсхащ итӀанэ: – Къэна мелыӀычищыр я бжьамиишхуэхэм къыщепщэкӀэ, щӀылъэм тетхэр гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ, гъуэгу мыгъуэ теувэнущ.
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 9 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22