bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Revelation 16
Revelation 16
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 15
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 17 →
1
Макъышхуэ гуэр Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэӀукӀыурэ мелыӀычиблым къажриӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФыкӀуи, Тхьэм и губжьу фалъиблым итыр щӀылъэм тефкӀэ».
2
Япэрей мелыӀычыр кӀуэри, и фалъэм итыр щӀылъэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр зи натӀэ тедза цӀыхуу, абы и сурэт зыгъэлъапӀэхэм шын гущыкӀыгъуэ зэрыт уӀэгъэхэр я фэм телъ хъуащ асыхьэтым.
3
ЕтӀуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хым хикӀащ. Хыр цӀыху лӀам и лъым хуэдэ лъы хъури, псэ зыпыту хым хэс псори лӀащ асыхьэтым.
4
Ещанэ мелыӀычым и фалъэм итыр псышхуэхэмрэ псынэхэмрэ хикӀащ. Ахэри лъы хъуащ.
5
Псыхэм я тепщэ мелыӀычым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Уэ, Зиусхьэну щыӀауэ икӀи щыӀэр, узахуэщ икӀи улъапӀэщ, апхуэдэ хьэкумхэр зэрыпщӀам щхьэкӀэ,
6
сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».
7
КъурмэнщӀыпӀэм къиӀукӀыу макъ гуэрым жиӀэу сэ зэхэсхащ итӀанэ: «Аращ, уэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, цӀыхухэм хьэкум зэратепщӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ».
8
ЕплӀанэ мелыӀычым и фалъэм итыр дыгъэм трикӀащ. ЦӀыхухэр мафӀэкӀэ игъэсыну дыгъэр хуит хъуащ.
9
Апхуэдэу щыхъум, дыгъэм цӀыхухэр хуабэ гуащӀэкӀэ игъэсащ. Мы гугъуехьышхуэхэм тепщэныгъэ яхузиӀэ Тхьэм и цӀэр ягъэулъиину и ужь итащ ахэр икӀи я гуэныхьхэм хущӀегъуэжу, Тхьэм щӀыхь хуащӀын ядакъым.
10
Етхуанэ мелыӀычым и фалъэм итыр хьэщхьэвылъэм и тахътэм трикӀащ. Хьэщхьэвылъэм и тепщэныгъэм щӀэт цӀыхухэм кӀыфӀыгъэ къащхьэщыхьащ итӀанэ. Узышхуэ зэраӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэр я бзэгухэм едзэкъэжырт.
11
Гугъуехьу яшэчымрэ уӀэгъэу ятелъымрэ щхьэкӀэ, уафэм щыӀэ Тхьэм хуэхъущӀэрт, я щыуагъэхэми хущӀегъуэжатэкъым.
12
Еханэ мелыӀычым и фалъэм итыр Евфрат псышхуэм хикӀащ. Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀ пащтыхьхэм гъуэгу яритын щхьэкӀэ псышхуэр жэщӀащ итӀанэ.
13
Благъуэжьым и жьэми, хьэщхьэвылъэм и жьэми, бегъымбар нэпцӀым и жьэми, хьэндыркъуакъуэхэм я плъыфэр яӀэу, жин бзаджищ къажьэдэкӀыу слъэгъуащ иужькӀэ.
14
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс.
15
(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.
16
ЖуртыбзэкӀэ Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэм а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ итӀанэ.
17
Ебланэ мелыӀычым и фалъэм итыр жьым хикӀащ. Тхьэм и унэшхуэм щӀэт тахътэм макъышхуэ гуэр къиӀукӀри, жиӀащ итӀанэ: «Ӏуэхур уха хъуащ».
18
Уафэри хъуэпскӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къэӀуащ, щӀыри ину хъеящ. ЦӀыхухэр дунейм къыщытехьам къыщыщӀэдзауэ щӀыр апхуэдизу хъеякъым зэи.
19
Арати, къалэшхуэр Ӏыхьищу зэгуэкӀащ, хамэ лъэпкъхэм я къалэхэри зэхэкъутащ. Бабилэн къалэшхуэм и цӀыхухэр и гум иримыгъэкӀыжу, Тхьэм езым и фалъэм ит фадэм иригъэфащ – Тхьэм и губжьышхуэм и фадэ дыджыращ зригъэфар.
20
ХытӀыгу псори бзэхащ, бгыхэри ягъуэтыжакъым.
21
Уэшхуэхэр уафэм къехри, цӀыхухэм къателъэлъащ. Зы уэм путищ хуэдиз и хьэлагът. Уэхэм цӀыхухэм гугъуехь зэрырагъэшэчам щхьэкӀэ, цӀыхухэр Тхьэм хуэхъущӀэрт, а гугъуехьыр икъукӀэ гугъуехьышхуэти.
← Chapter 15
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 17 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22