bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 1
Matthew 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 2 →
1
Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.
2
Ибрэхьим Исхьэкъ къыхуалъхуащ; Исхьэкъ Екъуб къыхуалъхуащ; абы Иудэрэ и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ;
3
Иудэ Фаресрэ Зарэрэ къыхуалъхуащ; а тӀум я анэм и цӀэр Тамэрэщ; Фарес Есром къыхуалъхуащ; Есром Арам къыхуалъхуащ;
4
Арам Аминадав къыхуалъхуащ; Аминадав Наасон къыхуалъхуащ; Наасон Салмон къыхуалъхуащ;
5
Салмон Вооз къыхуалъхуащ; Вооз и анэм и цӀэр Рахавщ; Вооз Овид къыхуалъхуащ; Овид и анэм и цӀэр Рутщ; Овид Иессе къыхуалъхуащ;
6
Иессе Даут пащтыхьыр къыхуалъхуащ. Даут пащтыхьым Сэлмэн къыхуалъхуащ; Сэлмэн и анэр Урие зи цӀэм и фызу щытащ.
7
Сэлмэн Ровоам къыхуалъхуащ; Ровоам Авие къыхуалъхуащ; Авие Асэ къыхуалъхуащ;
8
Асэ Иосафат къыхуалъхуащ; Иосафат Иорам къыхуалъхуащ; Иорам Озие къыхуалъхуащ;
9
Озие Иоафам къыхуалъхуащ; Иоафам Ахаз къыхуалъхуащ; Ахаз Езекие къыхуалъхуащ;
10
Езекие Манассие къыхуалъхуащ; Манассие Амон къыхуалъхуащ; Амон Иосие къыхуалъхуащ;
11
Иосие Иоаким къыхуалъхуащ. Израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуа лъэхьэнэм Иоаким Иехониерэ Иехоние и къуэшхэмрэ къыхуалъхуащ.
12
Израил цӀыхухэр Бабилэн ягъэӀэпхъуа нэужь, Иехоние Салафиил къыхуалъхуащ; Салафиил Зоровавел къыхуалъхуащ;
13
Зоровавел Авиуд къыхуалъхуащ; Авиуд Елиаким къыхуалъхуащ; Елиаким Азор къыхуалъхуащ;
14
Азор Садок къыхуалъхуащ; Садок Ахим къыхуалъхуащ; Ахим Елиуд къыхуалъхуащ;
15
Елиуд Елеазар къыхуалъхуащ; Елеазар Матфан къыхуалъхуащ; Матфан Екъуб къыхуалъхуащ;
16
Екъуб Исуф къыхуалъхуащ. Ар МэссихькӀэ* зэджэ Хьисэ къэзылъхуа Мэрием и щхьэгъусэщ.
17
Аращи, Ибрэхьим бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ Даут пащтыхьым деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; Даут пащтыхьым деж къыщыщӀэдзауэ израил цӀыхухэр Бабилэн къалэшхуэм залымыгъэкӀэ щагъэӀэпхъуам нэс щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу; израил цӀыхухэр Бабилэн щагъэӀэпхъуам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь деж къэсыху щӀэблэ пщыкӀуплӀ мэхъу.
18
Хьисэ Мэссихь къызэралъхуар мыпхуэдэущ: Исуф Хьисэ и анэ Мэрием къишэну къыхихат, ауэ ахэр зэрымышэ щӀыкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэ Мэрием уэндэгъуу къыщӀэкӀащ.
19
Мэрием илӀ Исуф щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхути, Мэрием и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытримыхын щхьэкӀэ, ар щэхуу иригъэкӀыжын мурад ищӀащ.
20
Исуф а Ӏуэхум пыхьауэ, Зиусхьэным и мелыӀычыр абы пщӀыхьэпӀэу къыхуэкӀуащ. – Даут и къуэ Исуф, – къыжиӀащ абы, – Мэрием къэпшэну умышынэ; абы къилъхуну сабийр къызыхэкӀыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ.
21
Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.
22
А псор апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу кърилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:
23
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
24
Исуф къэушри, Зиусхьэным и мелыӀычым къызэрыжриӀам тету зекӀуащ икӀи Мэрием къишащ.
25
Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28