bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 15
Matthew 15
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 14
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 16 →
1
Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:
2
– Уи гъуэгу ирикӀуэхэр ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм сыт щӀытекӀыр? Я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу машхэ ахэр.
3
– Фэри фи адэжьхэм я хабзэм фытетын щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэм сыт фыщӀытекӀыр? – яжриӀащ Хьисэ.
4
– Тхьэм жиӀащ: «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ!» икӀи «Зи адэ е зи анэ ӀейкӀэ тепсэлъыхьыр ирелӀэ».
5
Ауэ фэ жывоӀэ: «Зыгуэрым и адэм е и анэм: Сэ тыгъэу фэстын слъэкӀыну щытар иджы Тхьэм тыгъэ хуэсщӀынущ, жриӀэмэ, абы щыгъуэ абыхэм пщӀэ яхуимыщӀми хъунущ». Апхуэдэу фщӀыурэ, фи адэжьхэм къыфхуагъэна хабзэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз.
7
БзитӀщхьитӀхэ! Ешайа бегъымбарым фэ къыфтеухуауэ пэжыр жиӀащ мыпхуэдэу:
8
«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ щхьэкӀэ, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.
9
Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
10
Хьисэ цӀыху гупышхуэр къриджэри яжриӀащ абы и ужькӀэ: – ФыкъэдаӀуэ икӀи жысӀэр зыгурывгъаӀуэ.
11
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
12
И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?
13
– Си Адэу уафэм щыӀэм химыса дэтхэнэ къэкӀыгъэри лъабжьэкӀэ къыхатхъыжынущ, – яжриӀащ Хьисэ.
14
– Абыхэм я ужь фикӀ. Мы фарисейхэр цӀыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тӀури мащэм ихуэнущ.
15
Ар щызэхихым, Петр Хьисэ къыжриӀащ: – А ущие хъыбару къыджыпӀам къикӀыр къыдгурыгъаӀуэт.
16
– Зыри къывгурымыӀауэ ара иджыри? – жиӀащ Хьисэ.
17
– Жьэм жьэдыхьэ псори ныбэм нэсмэ, пкъым къызэрыхэкӀыжыр къывгурыӀуэркъэ?
18
Ауэ жьэм къипсэлъыр гум къокӀ. Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр;
19
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.
20
Аращ цӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр. Ахъумэ Ӏэ мытхьэщӀкӀэ шхэным цӀыхур мыкъабзэ ищӀыркъым.
21
А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ.
22
А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.
23
АрщхьэкӀэ Хьисэ а цӀыхубзым зы псалъи жриӀакъым, зы жэуапи иритыжакъым. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мыр кӀийуэ ди ужь йомыгъэту, утӀыпщ.
24
– Израил цӀыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ сэ Тхьэм сыкъызыхуигъэкӀуар, – жиӀащ Хьисэ.
25
Ауэ цӀыхубзыр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Уэ, Зиусхьэн, къыздэӀэпыкъу!
26
– ЩӀакхъуэр сабийхэм къаӀэщӀэпхыу хьэхэм яхуэбдзыныр къезэгъыркъым.
27
– Пэжщ, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым, – ауэ хьэхэм яшх ахэр зейхэм я Ӏэнэм къехуэха щӀакхъуэ щыкъуейхэр.
28
– Уэ фӀэщхъуныгъэу уиӀэр инщ, цӀыхубз – жриӀащ Хьисэ абы. – Ауэ щыхъукӀэ, уэ узэрыхуейм хуэдэу къыбдрехъу. ЦӀыхубзым и пхъур а зы напӀэзыпӀэм хъужащ.
29
Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ.
30
Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.
31
Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
32
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри яжриӀащ: – Мы цӀыхубэм сигу ящӀогъу; махуищ мэхъу зэрызигъусэри, шхын яӀухуакъым. МэжалӀэу сутӀыпщыжыну сыхуейкъым. Къарууншэ хъунурэ, гъуэгум текӀуэдэнущ ахэр.
33
– Мыпхуэдиз цӀыхум яхурикъун щӀакхъуэ мы губгъуэ нэщӀым дэнэ щыбгъуэтын? – къыжраӀащ и гъуэгу ирикӀуэхэм Хьисэ.
34
– ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – ЩӀакхъуиблрэ бдзэжьей тӀэкӀурэ диӀэщ, – жаӀащ абыхэм.
35
Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну.
36
ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.
37
ЦӀыху псори шхащ икӀи загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр матиблым ярызу зэхуахьэсыжащ.
38
ЦӀыхубзхэмрэ сабийхэмрэ нэмыщӀ, шхахэр цӀыху миниплӀ хуэдиз хъурт.
39
Хьисэ цӀыху гупышхуэр иутӀыпщыжа нэужь, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Магадан хэкум кӀуащ итӀанэ.
← Chapter 14
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 16 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28