bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 5
Matthew 5
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 6 →
1
ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.
2
Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ:
3
– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
4
Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиӀэхэр, абыхэм я гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыжынущи.
5
Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм ӀыхьэфӀу къалъысынур щӀылъэращи.
6
Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.
7
Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр, абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.
8
Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.
9
Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр, абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.
10
Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
11
– Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Ӏей псори къыфхужаӀэмэ.
12
Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
13
– ЩӀылъэм и шыгъур фэращ. АтӀэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур? ЗыкӀи и сэбэп хъужынукъым итӀанэ. Ар иракӀутыжынурэ, цӀыхухэм лъэгукӀэ яутэнущ.
14
– Дунейм и нэхур фэращ. Бгыщхьэм тет къалэр пхущӀэуфэн?
15
Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.
16
Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
17
– Мусэ и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм ярытхэмрэ згъэкӀуэдыну сыкъэкӀуауэ фи мыгугъэ. Ахэр згъэкӀуэдын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ и кӀэм нэзгъэсыну аращ.
18
Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху.
19
Мы унафэхэм я нэхъ цӀыкӀухэм ящыщ гуэрми емыдаӀуэ цӀыхуу адрей цӀыхухэри а унафэм емыдэӀуэну зыгъэӀущым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэкӀэ еджэнущ. Ауэ мы унафэхэр зыгъэзащӀэу, цӀыхухэр абыхэм хуезыджэхэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыху инхэм ящыщкӀэ еджэнущ.
20
Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
21
– Пасэрей цӀыхухэм зэрыжраӀар фэ зэхэфхащ: «ЦӀыху умыукӀ. ЦӀыху зыукӀыр хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ».
22
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.
23
– Аращи, Тхьэм хуэпщӀ тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм щыпхькӀэ, уи къуэшым гукъеуэ гуэр къыпхуиӀэу уи гум къэкӀыжмэ,
24
уи тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм деж къыщынэ, япэ щӀыкӀэ кӀуэи, уи къуэшым екӀуж. ИтӀанэ тегъази, уи тыхь щӀы!
25
– Уи дауэгъум псынщӀэу екӀуж, абы и гъусэу гъуэгум утетыхукӀэ. Армырамэ, хеящӀэм и пащхьэм уришэнущ. ХеящӀэми и ӀуэхутхьэбзащӀэм уӀэщӀилъхьэнурэ, лъэхъуэщым ущӀадзэнущ.
26
Пэжыр сэ ныбжызоӀэ, зы хъурыщи* къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжыфынукъым.
27
– ЗэрыжаӀар зэхэфхащ: «Зинэ умыщӀэ».
28
Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ.
29
Аращи, гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм хадзэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.
30
Уи Ӏэ ижьым гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм кӀуэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.
31
– Пасэрейм мыри жаӀащ: «Зи фыз изыгъэкӀыжым зэрыригъэкӀыж тхылъ ирырет».
32
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
33
– Пасэрей цӀыхухэ мыри зэрыжраӀар зэхэфхащ: «ПцӀыкӀэ зэи тхьэ умыӀуэ, ауэ Зиусхьэным хуэпщӀа тхьэрыӀуэхэр бгъэщыпкъэжын хуейщ».
34
Сэ нывжызоӀэ, фэ тхьэ зэи фӀуэ хъунукъым, уафэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и тахътэщи.
35
ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи.
36
Уи щхьэмкӀи тхьэ умыӀуэ, уэ зы щхьэц налъэ фӀыцӀи хужьи пщӀын плъэкӀынукъыми.
37
Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.
38
– Мыри зэрыжаӀар зэхэфхащ: «Уи нэм къеӀэм и нэм еӀэж, уи дзэм къеуэм и дзэм еуэж»,
39
ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ.
40
Уи джанэр птрихын щхьэкӀэ, зыгуэр къодауэмэ, уи щыгъын щӀыӀутелъри къыхуэгъанэ абы.
41
Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ.
42
ЗыгуэркӀэ къолъэӀум ет икӀи щӀыхуэ пӀызыхыну хуейм уи щӀыб хуумыгъазэ.
43
– ЗэрыжаӀар зэхэфхащ: «Уи гъунэгъур фӀыуэ лъагъу, уи бийр плъагъу мыхъуу щыт».
44
Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,
45
фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.
46
ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?
47
Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?
48
Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 6 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28