bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 28
Matthew 28
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 27
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
1
Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
2
НапӀэзыпӀэм щӀыр ин дыдэу хъеящ, Зиусхьэным и мелыӀыч уафэм къехри, кхъэлэгъунэм бгъэдыхьэщ, мывэшхуэр Ӏуигъэ-кӀуриикӀри, абы тетӀысхьати.
3
Абы и теплъэр уафэхъуэпскӀым хуэдэт, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэт.
4
ХъумакӀуэхэр апхуэдизкӀэ абы щышынати, кӀэзызу щытащ, я фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ.
5
– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ.
6
Ар мыбдежым щыӀэжкъым. ЗэрыжиӀам хуэдэу, ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фыбгъэдыхьи, Зиусхьэныр здэщылъа щӀыпӀэм феплъ.
7
ИтӀанэ псынщӀэу фыкӀуи, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм яжефӀэ: «Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ». Аращ, хъыбарыр сэ вжесӀащ.
8
Арати, цӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм бгъэдэкӀыжри, шына-гъуэмрэ гуфӀэгъуэшхуэмрэ зэщӀащтауэ, хъыбарыр хуаӀуэтэжыну, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж щӀэпхъуащ.
9
И гъуэгу ирикӀуэхэм хъыбарыр хуаӀуэтэжыну а цӀыхубзхэр здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм напӀэзыпӀэкӀэ къахуэзэри, къажриӀащ: – Фыпсэу! Ахэр Хьисэ бгъэдэлъадэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, и лъакъуэхэр яубыдащ. Хьисэ къажриӀащ:
10
– Фымышынэ. ФыкӀуи, си къуэшхэм Галилейм кӀуэну яжефӀэ. Абдеж сыщалъагъунущ.
11
ЦӀыхубзхэр щыкӀуэм, хъумакӀуэхэм ящыщ гуэрхэр Ерусалим къалэм дыхьэщ, дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.
12
Дин пашэшхуэхэр, нэхъыжьхэр я гъусэу, зэхуэсри зэчэнджэщыжащ. ХъумакӀуэхэм ахъшэ куэд иратри,
13
абыхэм жраӀащ: – «Жэщым дэ дыщыжейм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къакӀуэри, и хьэдэр ядыгъужащ», жыфӀэн хуейщ.
14
А хъыбарыр Ӏэтащхьэм щызэхихкӀэ, дэ дгъэсабырынщ, фэри зыри къывжи-мыӀэну тщӀынщ.
15
ХъумакӀуэхэм ахъшэр ящтэри, къызэрыжраӀам хуэдэу ящӀащ. А хъыбарыр журтхэм иджыри къэс яхэлъщ.
16
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр абы и ужькӀэ Галилейм кӀуэри, езым жыхуиӀэгъа Ӏуащхьэм дэкӀащ.
17
Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт.
18
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.
19
Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,
20
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
← Chapter 27
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28