bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 17
Matthew 17
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 18 →
1
Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петри, Екъуби, абы и къуэш Иуани зыщӀигъури, абыхэм я закъуэ бгы лъагэ дишащ.
2
Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.
3
Плъэмэ, бегъымбархэу Мусэрэ Илясрэ Хьисэ къепсалъэу къахуэлъэгъуащ абы и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым.
4
– Зиусхьэн, мыбдежым дызэрыщыӀэр фӀыщ, – къыжриӀащ Петр Хьисэ. – Уэ ухуеймэ, мыбдежым шэтырищ щызгъэувынщ, зыр уэр щхьэкӀэ, зыр Мусэ щхьэкӀэ, ещанэр Иляс щхьэкӀэ.
5
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
6
Ар щызэхахым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр хуабжьу къэшынэри, щӀым бгъэгукӀэ зытрадзащ.
7
Хьисэ абыхэм къабгъэдыхьэри, ӀэпэкӀэ еӀусэурэ жиӀащ: – Фыкъэтэдж, фымышынэ.
8
Къыщыдэплъейм, Хьисэ фӀэкӀа зыри ялъагъужакъым.
9
Бгым къыщехыжым, абыхэм унафэ яхуищӀащ Хьисэ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр лӀахэм къахэтэджыкӀыжыху, флъэгъуар зыми хуэвмыӀуэтэж.
10
И гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищыр Хьисэ къеупщӀащ: – НтӀэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм «Иляс бегъымбарыр къэкӀуэн хуейщ япэщӀыкӀэ» щӀыжаӀэр сыт?
11
– Пэжщ, Иляс къакӀуэу Ӏуэху псори захуагъэм тету зэтригъэувэжын хуейщ, – яжриӀащ Хьисэ.
12
– Ауэ сэ нывжызоӀэ, Иляс къэкӀуакӀэщ, ауэ ар къацӀыхужакъым, Ӏейуэ иращӀэну зыхуеяри иращӀащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэми гугъуехь ирагъэшэчынущ абыхэм.
13
Хьисэ жыхуиӀар умэхъакӀуэ Иуаныр зэрыарар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къагурыӀуащ абдежым.
14
Абы и ужькӀэ, Хьисэрэ и гъусищымрэ цӀыху гупышхуэм я деж къыщагъэзэжым, лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри,
15
жиӀащ: – Зи щӀыхь ин, си къуэм гущӀэгъу къыхуэщӀ. МазэщӀэр къыщыунэхукӀэ, хьэзабышхуэ телъщ абы. МафӀэми псыми куэд дыдэри хохуэ.
16
Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэм къахуэсшат ар, арщхьэкӀэ ягъэхъужын яхузэфӀэкӀакъым.
17
– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.
18
Къыщыхуашэм, Хьисэ жин бзаджэм егийри, жиныр щӀалэм хэкӀыжащ. ЩӀалэри асыхьэтым хъужащ.
19
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ итӀанэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
20
– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.
21
– Апхуэдэ жин лӀэужьыгъуэр Тхьэм узэрелъэӀумрэ узэрынэщӀымрэ фӀэкӀа, нэгъуэщӀкӀэ цӀыхум хэпхуфынукъым, – щӀигъужащ Хьисэ.
22
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,
23
абыхэм ар яукӀынущ, ауэ ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Хьисэ ар щажриӀэм, абыхэм зэхахар хуабжьу гущӀыхьэ ящыхъуащ.
24
Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ: – Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?
25
– Ет, – жиӀащ Петр. Петр унэм щыщӀыхьэм, езым жимыӀэӀа щӀыкӀэ, Хьисэ абы къеупщӀащ итӀанэ: – Уэ дауэ уеплърэ, Симон? Дунейм тет пащтыхьхэм хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкъымрэ цӀыхухэм тралъхьэ хьэкъымрэ хэт къызыӀахыр? Езыхэм я къуэхэра, е нэгъуэщӀ цӀыхухэра?
26
– НэгъуэщӀ цӀыхухэращ, – къритыжащ жэуап Петр. – Аращи, я къуэхэм хьэкъ тралъхьэркъым, пэжкъэ? – жриӀащ Хьисэ абы.
27
– Ауэ мы цӀыхухэм гукъанэ къытхуамыщӀын щхьэкӀэ, гуэлым кӀуэ, бдзэжьей къунтх хэдзи, япэ къэбубыд бдзэжьейр къапщтэрэ и жьэр зэтепхмэ, дыжьын ахъшэ къыжьэдэпхынущ. Ар къащти, хьэкътыну уэрэ сэрэ щхьэкӀэ абыхэм ет.
← Chapter 16
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 18 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28