bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 18
Matthew 18
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 19 →
1
И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?
2
Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри,
3
жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
4
Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.
5
Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.
6
– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
7
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.
8
Уи Ӏэм е уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уи ӀитӀыр е уи лъакъуитӀыр уиӀэу, мыункӀыфӀыжын мафӀэм ухадзэ нэхърэ, уӀэшэу е улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.
9
Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.
10
– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.
11
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
12
– Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ?
13
Пэжыр нывжызоӀэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкӀэ, фӀэмыкӀуэда мэл бгъущӀрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфӀыкӀынущ.
14
Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.
15
– Уи къуэшым уэркӀэ гуэныхь къихьамэ, абы деж кӀуэи, ар зэрыгуэныхьыр фи закъуэу гурыгъаӀуэ. КъодаӀуэмэ, абы щыгъуэ уи къуэшыр къыпхуэнэжащ.
16
КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ.
17
Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.
18
– Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ.
19
– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.
20
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.
21
Петр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ: – Зиусхьэн, си къуэшым сэркӀэ гуэныхь къихьамэ, дапщэрэ хуэзгъэгъун хуей? Блэнейрэ хуэзгъэгъун хуейуэ ара?
22
– Сэ ныбжызоӀэ, блэней къудейкъым, атӀэ блыр блыщӀкӀэ гъэбэгъуауэщ.
23
– Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ.
24
Илъытэну щыщӀидзэм, талант минипщӀ щӀыхуэу зытелъ гуэр къыхуашащ.
25
ЩӀыхуэр зэрипшыныжын зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, ари, абы и фызри, и бынхэри, иӀэ псори ящэу, щӀыхуэр иригъэпшыныжыну, пащтыхьым унафэ ищӀащ.
26
– Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, унэӀутым жиӀащ: «Сыхыумыгъэзыхь. Псори уэстыжынщ».
27
Пащтыхьым а унэӀутым гущӀэгъу хуищӀщ, щӀыхуэр хуигъэгъури, иутӀыпщыжащ.
28
– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.
29
Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ».
30
– Ауэ мыдрейм ар имыдэу, кӀуэри, ар лъэхъуэщым щӀригъэдзащ, щӀыхуэр къритыжыху.
31
Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.
32
– Пащтыхьым а унэӀутыр къригъашэри жриӀащ: «Уэ, унэӀут бзаджэ, укъызэлъэӀуати, си щӀыхуэу птелъ псори пхуэзгъэгъуащ.
33
Сэ уэ гущӀэгъу зэрыпхуэсщӀам хуэдэу, уэри адрей унэӀутым гущӀэгъу хуэпщӀын хуеякъэ?»
34
Пащтыхьыр икъукӀэ къэгубжьри, и щӀыхуэу телъ псори къритыжыху яӀыгъыну, а унэӀутыр лъэхъуэщ хъумакӀуэхэм яритащ.
35
(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.
← Chapter 17
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 19 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28