bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 6
Matthew 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 7 →
1
– Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.
2
– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.
3
Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ,
4
уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
5
– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
6
Ауэ уэ Тхьэм ущелъэӀукӀэ, уи пэшым щӀыхьэж, бжэр къэгъэбыди, цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъу уи Адэ лъапӀэм елъэӀу. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
7
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, куэдыщэ жывмыӀэ, хамэ лъэпкъхэм зэращӀым хуэдэу; куэд жаӀэмэ, зыщӀэлъэӀухэм Тхьэр едэӀуэну щогугъ ахэр.
8
Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.
9
– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.
10
Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.
11
ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт.
12
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
13
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
14
– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.
15
– Ауэ цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапӀэми фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунукъым.
16
– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
17
Ауэ уэ унэщӀ щыхъукӀэ, цӀыхухэм гу лъремытэ узэрынэщӀым, уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъум фӀэкӀ нэгъуэщӀым гу лъимытэн щхьэкӀэ, уи щхьэм дагъэ лъапӀэ щыхуэ, уи напэри тхьэщӀ. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
19
– ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури.
20
Ауэ уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс. Хъуным абы зыри щишхыркъым, зыри щыулъийркъым, дыгъуакӀуэхэри щыӀэбэркъым икӀи щыдыгъуэркъым.
21
Уи мылъкушхуэр здэщыӀэм уигури щыӀэнущ.
22
– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.
23
Ауэ уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ. Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀыгъэу къыщӀэкӀмэ, ар куэду кӀыфӀыгъэшхуэ мэхъу.
24
– ЗиусхьэнитӀым хуэлэжьэн зыми лъэкӀынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.
25
– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?
26
Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икӀи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракӀутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ?
27
Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?
28
– Фэ щыфтӀэгъэным щхьэкӀэ щхьэ фыгузавэрэ? Губгъуэ удз гъагъэхэр къызэрыкӀым феплъыт. Ахэр лажьэркъым, цы яджыркъым,
29
ауэ нывжызоӀэ, егъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым.
30
Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?
31
Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ.
32
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?
33
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.
34
Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 7 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28