bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 9
Matthew 9
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 10 →
1
Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.
2
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
3
Ар Хьисэ щыжиӀэм, торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуэрхэм ягукӀэ жаӀащ: – Мы лӀым Тхьэр егъэпцӀ.
4
Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, жиӀащ: – Фи гум апхуэдэ гукъэкӀ бзаджэхэр щӀилъыр сыт?
5
Сытыра нэхъ тыншыр «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныр ара?
6
Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жери, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.
7
А лӀыр къэтэджри, и унэм кӀуэжащ.
8
ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
9
АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.
10
Хьисэ Маттэ и унэм щӀэсу здэшхэм, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ къэкӀуэурэ куэд хъуауэ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ядэшхэрт.
11
Фарисейхэм ар щалъагъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Фэ фи дин егъэджакӀуэр хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ сыт щӀадешхэр?
12
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэ-хэращ.
13
ФыкӀуи, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм къарыкӀыр зэвгъащӀэ: «Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъурщ». Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэну папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
14
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж къакӀуэри, къыжраӀащ: – Фарисейхэмрэ дэрэ куэдрэ донэщӀ. Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?
15
– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.
16
– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым, щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущи.
17
ФадэщӀэр фэнд тӀорысэм ирагъахъуэркъым. Апхуэдэу ящӀмэ, фэндхэр къызэгуэитхъынурэ фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэрщ зрагъахъуэр. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.
18
Хьисэ а псалъэхэр цӀыхухэм щажриӀэм, пашэ гуэр къыбгъэдыхьэщ, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьэри, жиӀащ: – Си пхъур малӀэри телъщ, ауэ унакӀуэрэ, уи Ӏэр теплъхьэмэ, ар лӀэнукъым.
19
Хьисэ къэтэджщ, и гъуэгу ирикӀуэхэр зыщӀигъури, а пашэм и гъусэу кӀуащ.
20
ЦӀыхубз гуэр, илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, лъы куэд щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. Ар Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ;
21
игукӀэ мыпхуэдэу жиӀэри: «НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъыным сеӀусэмэ, сыхъужынущ».
22
ЗэплъэкӀри, а цӀыхубзыр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Умыдзыхэ, си хъыджэбз. Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Абдеж дыдэм къыщыщӀэдзауэ а цӀыхубзыр хъужащ.
23
А пашэм и унэм щӀыхьэри, бжьамияпщэхэри цӀыху гупышхуи зэрызехьэу, хьэдагъэ ящӀу щилъагъум,
24
Хьисэ къыжиӀащ: – ФыщӀэкӀ, хъыджэбз цӀыкӀур лӀакъым, ар мэжей. Хьисэ ар щыжиӀэм, абдеж щытхэр къыщыдыхьэшхащ.
25
ЦӀыхухэр щӀигъэкӀа нэужь, хъыджэбз цӀыкӀум деж щӀыхьэри, Хьисэ абы и Ӏэр иубыдащ. Щиубыдым, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэуващ.
26
А телъыджэм и хъыбар хэку псом щызэлъащӀысащ.
27
А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!
28
Хьисэ унэм щӀыхьа нэужь, а лӀы нэфитӀыр къыбгъэдыхьащ. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Сэ ар сщӀэн зэрыслъэкӀынур фи фӀэщ хъурэ? – Ди фӀэщ мэхъу, зи щӀыхь ин, – жаӀащ абыхэм.
29
Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.
30
Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.
31
АрщхьэкӀэ, унэм къызэрыщӀэкӀыжу, хъыбарыр яӀуэтэжу щӀадзэри, хэку псом хагъэӀуащ.
32
Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ унэм къыщыщӀэкӀыжым, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы бзагуэ гуэр цӀыхухэм къыхуашащ.
33
Хьисэ жин бзаджэр а лӀым хихужри, бзагуэр къэпсэлъащ. Ар зылъэгъуа цӀыху псоми ягъэщӀагъуэурэ жаӀэрт: – Израил къэралым мыпхуэдэ Ӏуэху зэи щытлъэгъуакъым!
34
Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
35
Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.
36
Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкӀыу цӀыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящӀэгъуащ.
37
И гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакӀуэхэр мащӀэщ.
38
Аращи, гъавэр Ӏуахыжьын щхьэкӀэ, лэжьакӀуэхэр къигъэкӀуэну гъавэр зейм фелъэӀу.
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 10 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28