bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 2
Matthew 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 3 →
1
Ирод пащтыхьым и тетыгъуэм Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм къалэм Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.
2
– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.
3
Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори.
4
Арати, цӀыхухэм я дин пашэшхуэ псори, я торэт егъэджакӀуэ пашэ псори зэхуишэсри, Ирод еупщӀащ: – Мэссихьыр къыщалъхун хуейр дэнэ?
5
– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:
6
«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм, Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым; зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи. Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу, а пашэр си Израил лъэпкъым кӀэлъыплъынущ».
7
Тхьэгурымагъуэхэр щэхуу къриджэри, Ирод вагъуэр къыщыщӀэкӀа зэман дыдэр зригъэщӀащ абы и ужькӀэ.
8
Ахэр Бэтлэхьэм щигъакӀуэм, яжриӀащ: – ФыкӀуи, сабийм и хъыбарыр фӀыуэ зэвгъащӀэ. Ар къэвгъуэтмэ, хъыбар къызэвгъэщӀэж, ар згъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сэри сыкӀуэнущи.
9
Пащтыхьым къажриӀам едаӀуэри, тхьэгурымагъуэхэр ежьащ. КъуэкӀыпӀэмкӀэ щалъэгъуа вагъуэр абыхэм я пэ иту ядэкӀуэурэ, сабийр здэщыӀэ щӀыпӀэм щынэсым, абы къыщхьэщыуващ.
10
Вагъуэр щалъагъум, хуабжьу гуфӀащ ахэр.
11
Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан, смирнэ тыгъэу иратащ.
12
Ирод деж ямыгъэзэжыну Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къагуригъэӀуати, я къэралым нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ кӀуэжащ.
13
Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ. – Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.
14
Арати, Исуф къэтэджщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Мысырым жэщу кӀуащ.
15
Ирод лӀэху, Исуф абы щыпсэуащ. Апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу ирилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Мысырым къикӀыжыну си Къуэр къезджэжащ».
16
Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.
17
Иеремие бегъымбарым жиӀэгъа мы псалъэхэр пэж хъуащ абы щыгъуэ:
18
«Рамэ жылэм гъы, гузасэ макъымрэ гъыбзэмрэ зэщӀащтащ. Рахил, зыхуэмыубыдыжыну хуэмейуэ, и сабийхэр егъей, ахэр иӀэжкъыми».
19
Ирод лӀа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэу Мысырым къыщыхуэкӀуэри,
20
Исуф къыжриӀащ: – Зыужь, сабийри абы и анэри зыщӀыгъуи, Израил къэралым кӀуэж, сабийм и псэм къещахэр псэужкъыми.
21
Арати, Исуф зиужьщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Израил къэралым кӀуэжащ.
22
Ауэ Ирод и пӀэкӀэ абы и къуэ Архелай Иудей хэкум и пащтыхь хъуауэ хъыбар щызэхихым, Исуф абы ихьэжын шынащ. Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къыгуригъэӀуа нэужь, Галилей хэкум кӀуэри,
23
НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28