bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Matthew 7
Matthew 7
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 8 →
1
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщӀыхьын щхьэкӀэ.
2
ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.
3
– Уэ уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт?
4
Уи нэм бжэгъу щӀэлъ пэтрэ, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх», жыпӀэу?
5
Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
6
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
7
– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;
8
Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.
9
– Фэ цӀыху къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну,
10
е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну?
11
Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?
12
Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.
13
– Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу.
14
Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.
15
– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.
16
Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ зэрыпщӀэм хуэдэу, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхухэмкӀэ къэфщӀэнущ. Пыжьейм жызум, е кхъуэбанэм ахъуо къыпыкӀэрэ?
17
Дэтхэнэ зы жыгыфӀми фӀы къыпокӀэ, ауэ жыг Ӏейм Ӏейщ къыпыкӀэр.
18
ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэнукъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэнукъым.
19
ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
20
Аращи, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхумкӀэ къэфщӀэнущ.
21
– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ.
22
ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?»
23
Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».
24
– Аращи, си псалъэхэр зэхихэу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа цӀыху губзыгъэрщ.
25
Уэшх къешхащ, псыхэри къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр къызэтеуакъым, мывэм тращӀыхьати.
26
Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр пшахъуэм тезыщӀыхьа лӀы акъылыншэрщ.
27
Уэшх къешхащ, псыхэр къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ. А унэр къызэтещэхащ икӀи къисэхэжащ.
28
Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ,
29
торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.
← Chapter 6
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 14
Chapter 15
Chapter 16
Chapter 17
Chapter 18
Chapter 19
Chapter 20
Chapter 21
Chapter 22
Chapter 23
Chapter 24
Chapter 25
Chapter 26
Chapter 27
Chapter 28
Chapter 8 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13
14
15
16
17
18
19
20
21
22
23
24
25
26
27
28