bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 1
Hebrews 1
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 2 →
1
Пасэ зэманым Тхьэр бегъымбархэм я жьэкӀэ куэдрэ икӀи зэмылӀэужьыгъуэу ди адэжьхэм къепсалъэу щытащ.
2
Ауэ мы зэманым, мы дунейм и иужьрей дыдэ махуэхэм, Тхьэр и Къуэм и жьэкӀэ дэ къыдэпсэлъащ. Тхьэм Ӏуэху псори и Къуэм и ӀыхьэфӀ хъуну игъэуващ, абыи дунейр къригъэгъэщӀащ.
3
Тхьэм и щӀыхьышхуэм и нэхур и Къуэм къыбгъэдэкӀыу къыттопсэ; и Къуэм и щытыкӀэр Тхьэм и щытыкӀэм хуэдабзэщ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ и псалъэмкӀэ щыӀэ псори щегъэӀэ; абы и Къуэм цӀыхухэм ягухэм гуэныхьхэр зэрыригъэкъэбзыкӀыжын гъуэгу къахуигъэпсащ, уафэми дэкӀуеижри, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.
4
Тхьэм «си Къуэ» жиӀэу, абы къызэреджэ цӀэр мелыӀычхэм я цӀэм нэхърэ зэрынэхъ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и Къуэр мелыӀычхэм я щхьэ ищӀащ.
5
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мелыӀычхэм ящыщ гуэрым, «Уэращ си Къуэр, нобэ Адэ сыпхуэхъуащ», жриӀа? Тхьэм мелыӀыч гуэрми теухуауэ «Сэ Адэ сыхуэхъунущ, езыри си Къуэ хъунущ», жиӀа?
6
Езым къыхиха и Къуэ щӀасэр дунейм къыщытригъэхьэм, Тхьэм жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀыч псоми ар ирегъэлъапӀэ».
7
МелыӀычхэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Тхьэм и мелыӀычхэр жьым хуэдэ ещӀ, а ӀуэхутхьэбзащӀэхэри мафӀэ бзийхэм хуэдэ ещӀ».
8
И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм игъащӀэкӀэ утесынущ. Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.
9
Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».
10
Тхьэм мыпхуэдэуи жиӀащ: «Уэ, Зиусхьэн, щӀэдзапӀэм деж щӀылъэм и лъабжьэхэр хэбгъэуващ, уафэхэри уи ӀэщӀыгъэщ.
11
Ахэр кӀуэдыжынущ, ауэ уэ умыкӀуэду укъелынущ. Щыгъыным хуэдэу ахэр жьы хъунущ.
12
Щыгъыным хуэдэу, зэкӀуэцӀыпшыхьынущ, икӀи зэхъуэкӀа хъунущ; ауэ уэ узэрыщытым утету укъэнэжынущ, уи илъэсхэми кӀэух яӀэнукъым».
13
ИкӀи Тхьэм мелыӀычхэм ящыщу гуэрым, «Уэ уи бийхэр лъэгущӀэтын пхуэсщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ къызбгъэдэтӀысхьэ», жриӀа?
14
МелыӀычхэр Тхьэм хуэӀурыщӀэ псэуэ щытщ, мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну ахэр Тхьэм къегъакӀуэ.
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 2 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13