bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 8
Hebrews 8
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 9 →
1
ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.
2
Тхьэр здэщыӀэ шэтыр пэжым дин пашэшхуэу Ӏуэху щелэжь абы. А шэтырыр зыгъэувар цӀыхухэракъым, атӀэ Зиусхьэныращ.
3
Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэми тыгъэхэри езым хуихьыну, къурмэнхэри хуищӀыну егъэув. Ди дин пашэшхуэми Тхьэм къурмэныпхъэ гуэр хуищӀын хуейщ.
4
Хьисэ дунейм тетамэ, дин пашэу щытынтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм тету, Тхьэм тыгъэхэр хуэзыхь дин пашэхэр щыӀэщи.
5
Дин пашэу абыхэм Ӏуэху зыщащӀэр Тхьэм и унэшхуэу уафэм щыӀэм и сурэтым ещхь е и ныбжь къудейщ. Мусэ шэтырыр игъэувын щыщӀидзэм, Тхьэм абы унафэ къыхуищӀащ: «Бгым утету, псори зэрыозгъэлъэгъуам хуэдэу, зэрыпщӀыным хэт».
6
Хьисэ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъын хуейуэ ищӀа зэгурыӀуэныгъэр япэрей зэгурыӀуэныгъэм нэхърэ зэрынэхъ иным хуэдэу, Хьисэ дин пашэшхуэ Ӏуэхуу илэжьыр адрей дин пашэшхуэхэм я Ӏуэхум нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэщ, иужьрей зэгурыӀуэныгъэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр нэхъыфӀщи.
7
Ауэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм* щыщӀагъэ зыри имыӀатэмэ, нэгъуэщӀ зэгурыӀуэныгъэ абы и пӀэм щӀиувэн щыӀэнтэкъым.
8
Бегъымбарым, цӀыхухэр игъэкъуаншэу, жиӀащ: «Зиусхьэным мыпхуэдэу жеӀэ: Сэрэ израил унагъуэ лъэпкъымрэ Иудэ унагъуэ лъэпкъымрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ щыдэслъхьэну махуэхэр къэсынущ.
9
Ауэ мы зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытынур я адэжьхэр Мысырым къыщисшыжым, сэрэ абыхэмрэ дяку дэслъхьа зэгурыӀуэныгъэр зэрыщытам хуэдэукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ дяку дэслъхьа зэгурыӀуэныгъэм и гъуэгу ахэр ирикӀуакъым. Аращи, абыхэм нэмыплъ есту щытащ, жеӀэ Зиусхьэным.
10
А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.
11
Апхуэдэу щыхъукӀэ, „Зиусхьэныр зыхуэдэр зэгъащӀэ“, жаӀэурэ зэгъунэгъухэми зэшхэми зэжраӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыкӀухэм къыщыщӀэдзауэ инхэр къыхиубыдэу, цӀыху псоми сэ сащӀэнущ.
12
БзаджащӀэхэми гущӀэгъу яхуэсщӀынущ. Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари си гум изгъэлъыжынукъым».
13
Тхьэм «зэгурыӀуэныгъэщӀэ» жиӀэу къызэрыжиӀамкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэр жьы зэрыхъуар къигъэлъэгъуащ. Сыт ищӀысри жьы хъуауэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэр куэд мыщӀэу кӀуэдыжынущ.
← Chapter 7
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 9 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13