bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 10
Hebrews 10
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 9
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 11 →
1
Торэт хабзэр къэкӀуэну ӀуэхуфӀхэм я ныбжь къудейуэ щытащ, а ӀуэхуфӀхэр зэрыщытыну дыдэр абы къигъэлъэгъуэн лъэкӀыу щытакъым. Аращи, а къурмэн дыдэу илъэс къэси зэпымыууэ ящӀу щытахэмкӀэ Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуея цӀыхухэр я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ищӀын лъэкӀыу щытакъым Торэт хабзэм.
2
Ар лъэкӀыну щытатэмэ, цӀыхухэм къурмэн щӀыныр зыханыжынт. Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуейхэр а къурмэнхэмкӀэ къабзэ хъуну щытамэ, я гуэныхьхэр ягукӀэ зыдащӀэжынтэкъым.
3
Я гуэныхьхэр я гум илъэс къэси къагъэкӀыжу щытащ а къурмэныпхъэхэм,
4
выхэмрэ бжэнхэмрэ я лъым цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын лъэкӀынутэкъыми.
5
Аращи, Мэссихь мы дунейм къыщытехьэнум щыгъуэ Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Къурмэнхэми тыгъэхэми уахуеякъым, ауэ пкъы къысхуэбгъэхьэзыращ.
6
ЦӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэри, я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ, ящӀ къурмэнхэри игъуэу плъытакъым.
7
ИтӀанэ сэ жысӀащ: „Уэ, Тхьэ, мис, уэ узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ, уи тхылъым си хъыбар зэритым хуэдэу“».
8
Мэссихь апхуэдэу къыщыжиӀэм, япэщӀыкӀэ жиӀар мыращ: «Къурмэнхэми, тыгъэхэми, цӀыхухэм мафӀэкӀэ ягъэс къурмэнхэми, я гуэныхьхэр зыщхьэщахын щхьэкӀэ, ящӀ къурмэнхэми уахуеякъым икӀи игъуэу плъытакъым». ЦӀыхухэм а къурмэнхэр Торэт хабзэм и унафэм тету ящӀауэ щыта пэтми, апхуэдэу жиӀащ.
9
ИтӀанэ мыпхуэдэу къыжиӀащ: «Уэ, Тхьэ, мис узыхуейр згъэзэщӀэну сыкъэкӀуащ». Апхуэдэу Мэссихь япэрей Ӏуэхухэр лъэныкъуэ иригъэзащ, абыхэм я пӀэм етӀуанэ Ӏуэхур иригъэувын щхьэкӀэ.
10
Хьисэ Мэссихь Тхьэр зыхуеяр зэригъэзэщӀам щхьэкӀэ, езым и пкъыр аргуэру къурмэныпхъэ имыщӀыжыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зэрищӀамкӀэ ди гур игъэкъэбзэжащ.
11
Дэтхэнэ дин пашэми и дин пашэ Ӏуэхур махуэ къэс егъэзащӀэ. А къурмэн дыдэу цӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщызыхын зылъэмыкӀхэр зэпымыууэ ещӀ.
12
Мэссихь цӀыхухэм я гуэныхьхэр игъащӀэкӀэ ипшыныжыпэн щхьэкӀэ, къурмэныпхъэ зэзакъуэ зищӀа нэужь, Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ щысыну бгъэдэтӀысхьащ.
13
А зэманым къыщыщӀэдзауэ Мэссихь поплъэ и бийхэр Тхьэм абы лъэгущӀэтын щыхуищӀыну махуэм.
14
Апхуэдэу зэзакъуэ къурмэныпхъэ зэрызищӀам щхьэкӀэ, зигу къабзэ хъухэр, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, игъащӀэкӀэ цӀыху нэгъэса ищӀащ Мэссихь.
15
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мы ӀуэхумкӀэ щыхьэт къытхуохъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэщӀыкӀэ мыпхуэдэу къыжеӀэ:
16
«Зиусхьэным къыжеӀэ: А махуэхэм я ужькӀэ зэгурыӀуэныгъэу сэрэ абыхэмрэ яку дэслъхьэнур мыращ: Си унафэхэр абыхэм я гум ислъхьэнущ, я щхьэми истхэнущ».
17
ИтӀани жеӀэ: «Я гуэныхьхэри бзаджагъэу ящӀари си гум изгъэлъыжынукъым».
18
Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъуам щхьэкӀэ, ахэр япшыныжын папщӀэ, къурмэн щӀащӀыни щыӀэкъым.
19
Аращи, ди къуэшхэ, Хьисэ и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам щхьэкӀэ, щӀыпӀэ лъапӀэу Тхьэр здэщыӀэм гушхуэныгъэкӀэ дихьэн тлъэкӀынущ.
20
Хьисэ и пкъыр къурмэныпхъэ зэрищӀам щхьэкӀэ, цӀыхухэм гъащӀэ къыдэзыт гъуэгущӀэу Ӏупхъуэм блэкӀыр къытхуӀуихащ.
21
Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэм илъ дин пашэшхуэ диӀэщ.
22
Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.
23
Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи.
24
Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.
25
ЦӀыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэӀущӀэныр зыхэдывмыгъанэ, атӀэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкӀэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ.
26
Щыпкъагъэр зэдгъэщӀауэ, итӀани дэ тфӀэфӀу гуэныхь щӀэным дыхэтмэ, ди гуэныхьхэр тщхьэщызыхыфын къурмэныпхъэ щыӀэжкъым,
27
ауэ хьэкум шынагъуэу Тхьэм къыттрищӀыхьынумрэ Тхьэм пэувхэр зыхисхьэну мафӀэшхуэмрэ къытпоплъэ.
28
Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм едэӀуэну зымыдэм щыхьэтитӀ е щыхьэтищ къыщытехъуэкӀэ, гущӀэгъу хуамыщӀу, укӀ тралъхьэу щытащ.
29
Тхьэм езым и Къуэр зыгъэпуд цӀыхум Тхьэм абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъ гугъуехьышхуэ иригъэшэчынущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхум Мэссихь и лъыуэ Тхьэм и зэгурыӀуэныгъэр зыгъэпэжауэ, а цӀыхум и гур зыгъэкъэбзэжам пщӀэ имыӀэу елъытэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу зи нэфӀ дэ къытщыхуэми и гум хегъэщӀ.
30
Мыпхуэдэу жызыӀа Зиусхьэныр дощӀэ: «ЦӀыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ; абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ». ИтӀани жиӀащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ».
31
Къуаншагъэ зэрыпщӀам щхьэкӀэ гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и ӀэмыщӀэ уихуэныр куэду шынагъуэшхуэщ!
32
Тхьэм и хъыбарыр къывгурыӀуэну абы и нэхур къыщыфтепса блэкӀа махуэр фи гум къэвгъэкӀыж. ФыкъимыкӀуэтыжу и гъуэгу фрикӀуэу, а махуэхэм гугъуехьышхуэ куэд фшэчу щытащ.
33
Зэм цӀыхухэм я пащхьэм псалъэ фӀейхэр къыщывапэсырт, гузэвэгъуэми фыщыхадзэрт, зэми апхуэдэу зыхущыта адрей цӀыхухэм защӀэвгъакъуэрт.
34
Лъэхъуэщым щӀэсхэм гугъуехь ядэфшэчырт. ЦӀыхухэм фи мылъкур зэрыфтрахар фигуапэу къабыл фщӀащ, абы нэхърэ нэхъ мылъкуфӀу мыкӀуэдыжынур уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэрти.
35
Аращи, гушхуэныгъэу фиӀэр зыхэвмыныж, гушхуэныгъэ зиӀэхэм я ӀыхьэфӀыр инынущи.
36
Теубыдагъэ фиӀэн хуейщ, Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн икӀи фызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр вгъуэтын щхьэкӀэ.
37
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Куэд дыдэ дэмыкӀыу, къэкӀуэнур мыгувэу къэсынущ.
38
ФӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, си дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр псэунущ. Ауэ а цӀыхур къикӀуэтыжмэ, сигу ирихьынукъым».
39
Дэ зызыгъэкӀуэду гъуэгум къыщикӀуэтыжхэм дащыщкъым, атӀэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дрокӀуэ, апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкърегъэл.
← Chapter 9
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 11 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13