bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 6
Hebrews 6
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 7 →
1
Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;
2
цӀыхухэр яумэхъыным теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр.
3
Тхьэм жиӀэмэ, а Ӏуэхухэм даблэкӀынущ.
4
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зэгуэрым Тхьэм и нэхум хэтауэ, иужькӀэ зи щӀыб Тхьэм хуэзыгъэзэжа цӀыхухэм я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым. Абыхэм уафэм щыӀэ Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэр ящӀэу щытащ; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри я гум илъащ;
5
Тхьэм и псалъэхэм я фӀыгъуэри къэкӀуэну дунейм и къарухэри ящӀащ.
6
Апхуэдэу щыт пэтми, я щӀыб Тхьэм хуагъэзэжащ. Ахэр я гуэныхьхэм хущӀебгъэгъуэжыну къебгъэгъэзэжын плъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэр жорым аргуэру ираӀулӀым хуэдэщ, абы и напэр цӀыхухэм я пащхьэм щытрахым хуэдэщ.
7
Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ.
8
Ауэ гъурцрэ пыжь банэрэ къызыщыкӀ щӀым зы пщӀи иӀэкъым. А щӀым Тхьэм и ней къыщыхуэнущ куэд мыщӀэу. ИкӀэм-икӀэжым ар мафӀэкӀэ ягъэсыжынущ.
9
ФӀыуэ слъагъухэ, апхуэдэу жытӀэ пэтми, фи Ӏуэхур нэхъыфӀу зэрыщытми фымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыну гъуэгум фызэрытетми дыщогугъ.
10
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
11
Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ.
12
Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.
13
Тхьэм и псалъэр Ибрэхьим къыщритым, езым нэхърэ нэхъ ин зэрыщымыӀэм щхьэкӀэ, и псалъэр игъэпэжурэ, езым и цӀэкӀэ, псалъэ быдэкӀэ мыпхуэдэу къыжиӀащ:
14
«ИпэжыпӀэкӀэ си нэфӀ къыпщыхуэнущ, бын куэди къыптезгъэхъукӀынущ».
15
Ибрэхьим шыӀэныгъэ хэлъти, Тхьэм къызэригъэгугъар иӀэ хъуащ.
16
ЦӀыхухэм езыхэм нэхърэ нэхъ ин гуэркӀэ тхьэрыӀуэ ящӀ я хабзэщ. ТхьэрыӀуэм абыхэм я псалъэхэр егъэпэж, зэдэуэныгъэ Ӏуэхуми кӀэ ирет.
17
Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхур ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм и мурадыр зэрызэблимыхъунур яригъэлъагъуну хуеяти, къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зэригъэзэщӀэнур псалъэ быдэкӀэ къахуигъэпэжащ.
18
Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.
19
Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.
20
Хьисэ а я нэхъ пэш лъапӀэм дяпэ иту щӀыхьащ дэр щхьэкӀэ. Ар, Мелхиседек хуэдэу, дин пашэшхуэ хъуащ игъащӀэкӀэ.
← Chapter 5
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 7 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13