bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 12
Hebrews 12
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 11
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 13 →
1
Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.
2
Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.
3
Фемышын икӀи фи гур фымыгъэныкъуэн щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь фегупсыс. Езыр жагъуэу зылъагъу гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм сыту гугъуехьышхуэ ирагъэшэча!
4
Гуэныхьым фебэну, лъы къыфщӀэкӀыху, иджыри къэс фыпэувакъым абы.
5
И бынкӀэ къывэджэурэ, Тхьэм фигу зэригъэзагъэр фщыгъупщащ: «Си бын, Зиусхьэным ӀурыщӀэ ущищӀкӀэ, нэмыплъ епту ущымыт, езыр къыщогийкӀи, уи гур умыгъэныкъуэ,
6
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу цӀыхур ӀурыщӀэ ещӀ, и быным хуэдэу ищтэ дэтхэнэми гугъуехь ирегъэшэч».
7
Аращи, Тхьэм ӀурыщӀэ фыщищӀкӀэ, теубыдагъэ зивгъэӀэ. Тхьэр апхуэдэу къывдогъуэгурыкӀуэ, и быну фызэрыщытым щхьэкӀэ. Адэм ӀурыщӀэ имыщӀ бын щыӀэ?
8
Тхьэм и бын псори ӀурыщӀэ зэрищӀым хуэдэу ӀурыщӀэ фимыщӀмэ, и бынхэм фащыщкъым, атӀэ хабзэкӀэ къамылъхуахэм фахуэдэщ.
9
Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.
10
Ди адэхэм зэман кӀэщӀкӀэ игъуэу зэралъытам хуэдэу, ӀурыщӀэ дащӀырт. Ауэ Тхьэм, и лъапӀагъэмкӀэ Ӏыхьэ диӀэн щхьэкӀэ, и фӀагъ къыдигъэкӀыну ӀурыщӀэ дещӀ.
11
Зыгуэрым ӀурыщӀэ дыщищӀкӀэ, ди гуапэ хъуркъым, атӀэ ди гуауэ мэхъу. Ауэ Тхьэм ӀурыщӀэ ищӀурэ игъэса цӀыхухэм иужькӀэ фӀыуэ абы къахухэкӀыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ.
12
Аращи, фэ фи Ӏэблэу гуэхуахэмрэ къару зыхэмылъыж лъэгуажьэхэмрэ къару яхэвгъэлъ.
13
ЦӀыху лъашэр нэхъ Ӏей фымыгъэхъуу, ар хъужын щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм фрикӀуэ.
14
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
15
Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.
16
Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.
17
ИтӀанэ, зэрыфщӀэщи, Тхьэм и нэфӀ зыщигъэхуэн щхьэкӀэ, Эсау и адэр Тхьэм иригъэлъэӀуну хуеящ, ауэ и адэм хуидакъым. Эсау гъыурэ и адэм елъэӀуа пэтми, ар и псалъэм тригъэкӀыфакъым.
18
ФызэӀусэн флъэкӀыну мафӀэм ис бгым деж фыкъэкӀуакъым. КӀыфӀыгъэм, мазэхэм, жьышхуэм,
19
бжьамиишхуэм и макъым, псалъэхэр къыжызыӀэ макъым я деж фыкъэкӀуакъым. Ар зэхэзыхахэр а макъыр аргуэру къемыпсэлъэжыну елъэӀуащ,
20
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а макъым къыжиӀа унафэр яшэчын ялъэкӀакъым: «ХьэкӀэкхъуэкӀэр бгым еӀусэмэ, мывэхэмкӀэ е шабзэмкӀэ вгъэлӀэн хуейщ».
21
Къахуэлъэгъуар шынагъуэшхуэти, Мусэ бегъымбарми, «Сошынэ икӀи сокӀэзыз» жиӀащ.
22
Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.
23
Тхьэм и япэрей быну уафэм щыӀэ тхылъым зи цӀэ итхэм я махуэшхуэ зэхуэсми фыкъэкӀуащ. Тхьэуэ цӀыху псоми хьэкум ятезыщӀыхьым деж фыкъэкӀуащ, зи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, Тхьэм цӀыху нэгъэса ищӀахэм я псэхэм я дежи фыкъэкӀуащ.
24
ЗэгурыӀуэныгъэщӀэр Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку дэлъ зыщӀа Хьисэрэ абы лъыуэ къыщӀэкӀамрэ я деж фыкъэкӀуащ. Хэбэл и лъым нэхърэ Хьисэ и лъым Ӏуэху нэхъыфӀым нэхъ дыщегъэгугъ.
25
Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?
26
Тхьэм и макъым щӀылъэр игъэхъеящ абы щыгъуэ, ауэ иджы Тхьэм псалъэ быдэ итащ: «ЩӀылъэм и мызакъуэу, уафэри згъэхъеинущ аргуэру».
27
«Аргуэру» жыхуиӀэ псалъэм къегъэнахуэ Тхьэм игъэхъей псори – Тхьэм къигъэщӀа псори – я пӀэм зэрырихыжынур. Тхьэм имыгъэхъея Ӏуэхухэращ къызэтенэнур.
28
Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ,
29
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Тхьэр псори зыс мафӀэщ.
← Chapter 11
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 13 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13