bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 4
Hebrews 4
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 5 →
1
Тхьэм и гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэнумкӀэ дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхур зэримыхъуэкӀауэ зэрыщытым иджыри тетщи, фэ фщыщ гуэр абы щӀэмыхьауэ къызэрымынэным фыхуэсакъ.
2
А гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр абыхэм зэралъэӀэсам хуэдэу, дэри къытлъэӀэсащ. Ауэ абыхэм зэхаха хъыбарыфӀым и фӀагъ къекӀыу щытакъым, а хъыбарыфӀыр щызэхахым, я фӀэщ хъуатэкъыми.
3
Аращи, дэращ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэращ, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнухэр, Тхьэм зэрыжиӀам хуэдэу: «Сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ». Дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и Ӏуэхухэр иухауэ щыта пэтми, итӀани апхуэдэу жиӀащ.
4
Ебланэ махуэм теухуауэ Тхьэм зэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэту щӀыпӀэ гуэрым деж итщ: «Тхьэм и Ӏуэху псори иухри, ебланэ махуэм зигъэпсэхужащ».
5
А щӀыпӀэм деж Тхьэм къызэрыжиӀэр итщ: «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым».
6
Аращи, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэну цӀыху гуэрхэр иджыри щыӀэщ. Ауэ пасэ зэманым а гупсэхужыпӀэм и хъыбарыр зылъэӀэса цӀыхухэр, Тхьэм едэӀуэн зэрамыдам щхьэкӀэ, абы и гупсэхужыпӀэм щӀыхьакъым.
7
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, абы и ужькӀэ куэд дэкӀауэ, Тхьэм мы псалъэхэр Даут бегъымбарым и гум кърилъхьэу къыщыжригъэӀам, «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэ къигъэуващ, нэхъапэм зэрыжытӀам хуэдэу, «Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ, фи гур ерыщу щывмыгъэт».
8
Нун и къуэ Ехьошуа Тхьэм и гупсэхужыпӀэм а цӀыхухэр щӀигъэхьатэмэ, Тхьэм «Нобэ» жыхуиӀэ нэгъуэщӀ махуэм и гугъу ищӀынтэкъым.
9
Аращи, Тхьэм ебланэ махуэм гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу, Тхьэм и цӀыхухэри езым и гупсэхужыпӀэм иджыри щӀыхьэнущ,
10
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, хэту щытми, Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэм и Ӏуэхур иухауэ зегъэпсэхуж, Тхьэм и Ӏуэхухэр иухыу, гупсэхугъуэм зэрыхэтам хуэдэу.
11
Аращи, а гупсэхужыпӀэм дызэрыщӀыхьэным и ужь дивгъэт. Ди адэжьхэм Тхьэм едэӀуэну зэрамыдам хуэдэу, дэ тщыщ гуэр Тхьэм емыдаӀуэу щремыт. Ар мыхъумэ, а цӀыхур Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэнукъым.
12
Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.
13
Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ гуэри езым и пащхьэм гъэпщкӀуа щыхъуркъым. Тхьэм и нэхэм я дежкӀэ Ӏуэху псоми я щхьэ техауэ икӀи нахуэу щытщ. Тхьэращ жэуап зэттынур.
14
Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.
15
Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.
16
Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.
← Chapter 3
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 5 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13