bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 3
Hebrews 3
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 4 →
1
Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.
2
Тхьэм и унагъуэм щыщ цӀыху псоми Мусэ бегъымбарым щыпкъагъэ зэрахуиӀам хуэдэу, Хьисэи езыр зыгъэува Тхьэм щыпкъагъэ хуиӀащ.
3
Унэм нэхърэ унэ зыщӀым нэхъ щӀыхь зэриӀэм хуэдэу, Мусэ нэхърэ Хьисэ нэхъ щӀыхь хуэфащэщ.
4
ЦӀыху гуэрым имыщӀа унэ щыӀэкъым, ауэ псори зыщӀар Тхьэращ.
5
Мусэ Тхьэм хуэлажьэурэ, Тхьэм и унэ псоми Ӏуэху щищӀэу зэрыщытамкӀэ Мусэ и гум щыпкъагъэ илъащ икӀи Тхьэм къыжиӀэну псалъэм щыхьэт техъуащ.
6
Мэссихь Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэ илъ Къуэщ. Дигу дымыгъэныкъуэу, дызэрыгуфӀэу икӀи дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхум и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэри абы и унагъуэм дыщыщщ.
7
Аращи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжиӀэм хуэдэу: «Нобэ Тхьэм и макъыр зэхэфхмэ,
8
фи гур ерыщу щывмыгъэт, фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу. Абыхэм Тхьэм едэӀуэн ядакъым, Тхьэм и шыӀэныгъэр здынэсыр ягъэунэхуну хэтащ».
9
(Тхьэм мыпхуэдэуи жеӀэ:) «Губгъуэ нэщӀым фи адэжьхэм си шыӀэныгъэр здынэсри си Ӏуэхухэр зыхуэдэри щагъэунэхуну хэтащ. Си Ӏуэхухэри ялъагъуу щытащ илъэс плӀыщӀкӀэ.
10
Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.
11
Аращи, сахуэгубжьурэ, „Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым“, жысӀэри, псалъэ быдэкӀэ ар згъэпэжащ».
12
Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.
13
Гуэныхь щӀэным и хьилагъэкӀэ дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкӀэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ, «Нобэ» жыхуаӀэ зэманым дыхэтыху.
14
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.
15
Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Тхьэм и макъыр нобэ зэхэфхмэ, фи гур ерыщу щывмыгъэт, фи адэжьхэм губгъуэ нэщӀым щащӀэу зэрыщытам хуэдэу».
16
Тхьэм и макъыр зэхэзыхауэ, едэӀуэн зымыдахэр хэт? Мусэ бегъымбарым Мысырым къришыжыгъа цӀыху псори аракъэ?
17
Тхьэр илъэс плӀыщӀкӀэ зыхуэгубжьауэ щытар хэт? Гуэныхь зыщӀауэ, зипкъхэр губгъуэ нэщӀым къинэжахэракъэ?
18
ИтӀанэ «Сэ ахэр си гупсэхужыпӀэм къыщӀэзгъэхьэнукъым», жиӀэу, Тхьэм псалъэ быдэкӀэ ар игъэпэжурэ, зыжриӀар хэт? ЕдэӀуэн зымыдахэракъэ?
19
Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀам щхьэкӀэ Тхьэм и гупсэхужыпӀэм щӀыхьэн зэралъэмыкӀар долъагъу.
← Chapter 2
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 4 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13