bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 2
Hebrews 2
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 3 →
1
Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.
2
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мелыӀычхэм къаӀуэта псалъэхэм уащыгугъ хъуну къыщӀэкӀащ икӀи, хэту щытми, а псалъэхэм текӀам, е емыдэӀуам хуэфащэр Тхьэм иригъэпшыныжащ.
3
Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.
4
Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀи, Ӏуэху телъыджэхэмкӀи, лъэкӀыныгъэ зыхэлъ зэмылӀэужьыгъуэ ӀуэхушхуэхэмкӀи а хъыбарыфӀым щыхьэт техъуащ Тхьэр. Абы нэмыщӀ, Тхьэр зэрыхуеям тету, езым и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу Ӏуэху зэмылӀэужьыгъуэхэр ялэжьыну цӀыхухэм лъэкӀыныгъэхэр къаритащ.
5
КъэкӀуэну дунейуэ зи гугъу тщӀыр Тхьэм зи ӀэмыщӀэм кърилъхьар мелыӀычхэракъым.
6
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэту, зы щӀыпӀэ деж мыпхуэдэу щыхьэт техъуащ зыгуэр: «Уэ, Тхьэ, цӀыхур зищӀысыр сыт, уэ абы уегупсысыну, цӀыху лъэпкъым и къуэр зищӀысыр сыт, уэ абы укӀэлъыплъыну?
7
Ар мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу зытэлайкӀэ пщӀащ. ЩӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ хуэбгъэфэщащ итӀанэ.
8
ЩыӀэ псори абы и лъэгу щӀэбгъэуващ». ЩыӀэ псори Тхьэм цӀыхум и лъэгу щыщӀигъэувэм, абы и лъэгу щӀимыгъэувэу зыри къигъэнакъым. Ауэ иджы псори цӀыхум и лъэгу щӀэту тлъагъуркъым.
9
Хьисэ гугъуехь ишэчурэ зэрылӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы щӀыхьышхуэрэ лъытэныгъэшхуэрэ зэрыхуигъэфэщар долъагъу. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Хьисэ цӀыху псоми я пӀэкӀэ лӀэныгъэр илъагъун папщӀэ, Тхьэм ар зытэлайкӀэ мелыӀычхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу ищӀащ.
10
ЦӀыху куэд езым и бын хъун икӀи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысын щхьэкӀэ, Тхьэуэ псори къэзыгъэщӀауэ, псори зыхущыӀэм Хьисэ гугъуехьу ишэчам хуэфащэ тепщэныгъэр абы иӀэ зэригъэхъуар къезэгъыу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэл гъуэгум тезыгъыхьэу, пашэ яхуэхъур Хьисэщ.
11
ЦӀыхухэм ягухэр зыгъэкъэбзэж Хьисэрэ зи гур къабзэ хъу цӀыхухэмрэ а зы Адэ лъапӀэм и бынхэщ. Аращ Хьисэ емыкӀу имылъытэу абыхэм къуэшкӀэ щӀеджэр.
12
Абы Тхьэм мыпхуэдэу жриӀащ: «Си къуэшхэм уи хъыбар езгъэщӀэнущ. Уи цӀыхухэм я зэхуэсыми сыхэту щӀыхьышхуэ пхуэсщӀынущ».
13
Мыпхуэдэуи жиӀащ: «Тхьэм сыщыгугъынущ». ИтӀани жиӀащ: «Мис сэрэ Тхьэм къызита бынхэмрэ».
14
А бынхэр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхущ. Аращи, Хьисэи лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыху хъуащ, лӀэныгъэм тепщэныгъэ хузиӀэ шейтаныр илӀэныгъэмкӀэ игъэкӀуэдын щхьэкӀэ,
15
икӀи лӀэныгъэм зэрыщышынам папщӀэ, псэухукӀэ шейтӀаным и пщылӀу щытахэр щхьэхуит ищӀын щхьэкӀэ.
16
Хьисэ зыдэӀэпыкъур мелыӀычхэракъым, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэр арщ.
17
Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.
18
ШейтӀаным Хьисэ гуэныхь иригъэщӀэну щыхэтым, Хьисэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ, шейтӀаным гуэныхь зригъэщӀэну зыхэт цӀыхухэм ядэӀэпыкъун лъэкӀынущ.
← Chapter 1
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 3 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13