bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 9
Hebrews 9
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 10 →
1
Япэрей зэгурыӀуэныгъэм тету цӀыхухэм Тхьэр зэрагъэлъэпӀэн хуей щӀыкӀэм теухуа унафэхэр щыӀащ. ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀауэ, Тхьэр щагъэлъэпӀэн щӀыпӀи щыӀащ.
2
ПэшитӀ зиӀэ шэтыр гуэр ягъэуващ. Япэрей пэшу Пэш ЛъапӀэкӀэ зэджэм и кӀуэцӀым уэздыгъэ тегъэувапӀэр, Ӏэнэр, Тхьэм и пащхьэм ягъэтӀылъа щӀакхъуэр щӀэлъащ.
3
Ӏупхъуэ гуэрым и щӀыбкӀэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэр щыӀащ.
4
Мэ ӀэфӀ къызыпих удзхэм я гъэсыпӀэу дыщэм къыхэщӀыкӀар а пэшым щӀэтащ. Абы нэмыщӀ, дэнэкӀи дыщэпс зытегъэлъэда пхъуантэу Тхьэм езымрэ цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и пхъуантэу жыхуаӀэр а пэшым щӀэтащ. Дыщэм къыхэщӀыкӀа фалъэу мэнн зи цӀэ шхыныгъуэр зэрылъыр, Хьарун и башу тхьэмпэхэр къызыпыкӀар, Тхьэм и унафэхэр зэрыт мывэ пхъэбгъуитӀыр а пхъуантэм дэлъащ.
5
А пхъуантэм ищхьэмкӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэ къэзыгъэлъагъуэ Херувим жыхуаӀэ мелыӀычхэр щытащ. Абыхэм я дамэхэмкӀэ Тхьэм цӀыхухэм я гуэныхьхэр къащыхуигъэгъу щӀыпӀэр яхъумэу щытащ. Ауэ щхьэхуэу а Ӏуэхухэм иджы дащӀытепсэлъыхьын щыӀэкъым.
6
Апхуэдэ гъэпсыкӀэм тету я Ӏуэхур ящӀэну дин пашэхэр зэпымыууэ япэрей пэшым щӀыхьэу щытащ.
7
Ауэ етӀуанэрей пэшым дин пашэшхуэм фӀэкӀа зыри щӀыхьакъым, ари илъэсым зэ нэхъыбэ щӀыхьэу щытакъым. Абы щыгъуэми къурмэныпхъэми лъыр здимыхьу щӀыхьэртэкъым, езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм ямыщӀэххэу ялэжьа гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэщ а къурмэныр щӀищӀар.
8
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а гъэпсыкӀэмкӀэ къегъэнахуэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэу уафэм щыӀэм деж кӀуэ гъуэгур зэрыӀумыхар, а шэтырыжьыр щыӀэху.
9
А Ӏуэху псоми иджырей зэманым Ӏуэхур зытетыр къагъэлъагъуэ: ЦӀыхухэм тыгъэу Тхьэм хуахьымрэ къурмэну хуащӀымрэ я гум я къабзагъэр нэгъэса ящӀын ялъэкӀыркъым.
10
А тыгъэхэри а къурмэнхэри зэпха Ӏуэху къудейхэр шхэнми ефэнми я Ӏуэхумрэ диным теухуауэ зэхуэмыдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм зызэрагъэкъэбзэжын Ӏуэхумрэщ. Ахэр цӀыхухэм япкъхэм епха унафэщ; Тхьэм Ӏуэху псори зэрихъуэкӀыжыхущ, а унафэхэр щыӀэн зэрыхуейр.
11
Ауэ иджы щыӀэ ӀуэхуфӀхэр къыздихьри, Мэссихь дин пашэшхуэу къэкӀуащ. Мы дунейм тет шэтырым нэхърэ нэхъ шэтырышхуэу икӀи нэхъ нэгъэсауэ щытым и кӀуэцӀым дин пашэшхуэу Ӏуэху щещӀэ абы. А шэтырыр цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀа шэтыру щыткъым, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, а шэтырыр Тхьэм къигъэщӀа мы дунейм щыщкъым.
12
Бжэнымрэ танэмрэ я къурмэныпхъэ лъыр здимыхьу, езым илъ жорым щыщӀэкӀауэ, уафэм щыӀэ я нэхъ Пэш ЛъапӀэм Мэссихь, афӀэкӀ щӀэмыхьэжыну, зэ закъуэ щӀыхьащ. Езым и лъымкӀэ мыкӀуэдыжын щхьэхуитыныгъэ дигъэгъуэтурэ, ди щхьэр къищэхужащ.
13
Дин пашэхэм бжэнхэмрэ выхэмрэ я къурмэныпхъэ лъыри жэмым и сахуэри Тхьэм дежкӀэ мыкъабзэу щыт цӀыхухэм траутхэу щытащ, ахэр къабзэ хъужын щхьэкӀэ.
14
Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.
15
Абы къыхэкӀкӀи, Мэссихьщ Тхьэмрэ цӀыхухэмрэ яку зэгурыӀуэныгъэщӀэ дэлъ зыщӀыр. Апхуэдэу щӀищӀыр и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджа цӀыхухэм мыкӀуэдыжыну щыт ӀыхьэфӀу Тхьэм ахэр къызэригъэгугъар къалъысын щхьэкӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей зэгурыӀуэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэту гуэныхь зыщӀа цӀыхухэм я щхьэр и лӀэныгъэмкӀэ Мэссихь къищэхужащ.
16
Уэсят щыӀэмэ, уэсят къэзыщӀар зэрылӀам щыхьэт техъуэн хуейщ.
17
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэсятыр щыбгъэзащӀэ хъунур ар зыщӀар лӀа нэужь къудейщ. Ар зыщӀар псэумэ, уэсятыр бгъэзащӀэ хъунукъым.
18
Абы щхьэкӀэ япэрей зэгурыӀуэныгъэри гъэзэщӀа хъун зэгурыӀуэныгъэ зыщӀа закъуэр лъыращ.
19
Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэм и унафэ псори цӀыху псоми яригъэщӀа нэужь, цы плъыжь-фӀыцӀафэр иссоп зи цӀэ чыцэм и къудамэхэм япищӀэщ, танэхэмрэ бжэнхэмрэ я лъыр псы щӀыгъуу къищтэри, а къудамэхэмкӀэ тхылъымрэ цӀыху псомрэ ятриутхащ.
20
Мусэ къыжиӀащ итӀанэ: «Мы лъыр арщ зэгурыӀуэныгъэу, Тхьэм унафэ къызэрыфхуищӀам хуэдэу, фызэредэӀуэн хуейр зыгъэпэжыр».
21
Апхуэдэуи шэтырымрэ Тхьэр зэрагъэлъапӀэ хьэкъущыкъу псомрэ лъы ятриутхащ.
22
Пэжщ, Торэт хабзэм зэритым хуэдэу, сыт ищӀысри, къанэ щӀагъуэ щымыӀэу, лъыкӀэ ягъэкъэбзэж икӀи къурмэнылъ хэмыту гуэныхь гъэгъуныгъэ щыӀэкъым.
23
Апхуэдэу сызытепсэлъыхь Ӏуэхуу, уафэм щыӀэ Ӏуэху пэжхэм я сурэту щытхэр, мы къурмэнхэмкӀэ ягъэкъэбзэжын хуеящ. Ауэ уафэм щыӀэ Ӏуэхухэм а къурмэнхэм нэхърэ нэхъ къурмэныфӀхэр яхуэфащэщ.
24
ЦӀыхухэм ящӀа шэтыру, Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ пэжым и сурэту щытыракъым Мэссихь зыщӀыхьар, атӀэ уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэ дыдэрщ зыщӀыхьар, Тхьэм и пащхьэм дэр щхьэкӀэ иджы ихьэну.
25
Дин пашэшхуэр я нэхъ Пэш ЛъапӀэу жыхуаӀэм илъэс къэс езым и лъыр мыхъуу, къурмэныпхъэм и лъыр здихьыурэ щӀыхьэу щытащ. Ауэ Мэссихь уафэу Тхьэр здэщыӀэ щӀыпӀэм щӀыщӀыхьар, къурмэныпхъэ куэдрэ зищӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ аргуэру къурмэныпхъэ зимыщӀыну, зэ закъуэ къурмэныпхъэ зищӀын щхьэкӀэщ.
26
Апхуэдэу щымытатэмэ, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь куэдрэ гугъуехь ишэчын хуей хъунут. Ауэ езым къурмэныпхъэ зэрызищӀамкӀэ гуэныхьыр игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, иджы, лъэхъэнэхэм я кӀэух дыдэм деж, аргуэру къэмылъэгъуэжыну, зэ закъуэ къэлъэгъуащ.
27
ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.
28
Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
← Chapter 8
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 10 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13