bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 11
Hebrews 11
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 10
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 12 →
1
ФӀэщхъуныгъэр зищӀысыр – дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ Ӏуэхухэр зэрыдгъуэтынур тщӀэныр арщ икӀи Ӏуэху нэрымылъагъухэм ди дзыхь едгъэзыныр арщ.
2
Пасэ зэманым дунейм щыпсэууэ щыта цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ Тхьэр щыхьэтыфӀ яхуэхъуащ.
3
ФӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэкӀэ дунейр къызэригъэщӀар зэхыдощӀыкӀ. Аращи, цӀыхум и нэкӀэ илъагъур и нэкӀэ имылъагъум къыхэкӀащ.
4
Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Каин ищӀа къурмэным нэхърэ нэхъ къурмэныфӀ ищӀащ. Тхьэм Хэбэл и тыгъэхэр щидам, Хэбэл фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэр абы щыпкъагъэ зэриӀамкӀэ щыхьэт хуэхъуащ. Хэбэл дунейм ехыжащ, ауэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, иджыри хъыбар къытхуехь.
5
Ханох фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм абы лӀэныгъэр иримыгъэлъагъуу уафэм дрихьеящ. Тхьэм ар уафэм зэрыдрихьеям щхьэкӀэ, цӀыхухэм ар ягъуэтыжын ялъэкӀакъым. Тхьэм ар уафэм дрихьеин и пэкӀэ, Ханох Тхьэм и гум зэрырихьамкӀэ Тхьэм и псалъэ тхахэр щыхьэт абы хуохъу.
6
ЦӀыхум фӀэщхъуныгъэ имыӀэмэ, Тхьэм игу ирихьынукъым; Тхьэм пэгъунэгъу хъуну хуей дэтхэнэми Тхьэр зэрыщыӀэмкӀи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ӀыхьэфӀыр зэралъигъэсымкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэн хуейщи.
7
ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.
8
Ибрэхьим и ӀыхьэфӀ хъуну къэралым кӀуэну Тхьэм къыщыхуриджам, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм едаӀуэри, здэкӀуэнур имыщӀэу щыта пэтми, итӀани гъуэгу техьащ.
9
ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм къритыну къызэригъэгугъа къэралым хамэм хуэдэу щыпсэууэ щытащ ар. А къэралым Ибрэхьим шэтырхэм щӀэсу щыпсэууэ щытащ. Исхьэкъри Екъубри шэтырхэм щӀэсащ. Ибрэхьим Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр абы и гъусэу абыхэми къалъысыну щытащ.
10
Ибрэхьими шэтырхэм щӀэсащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къалэшхуэу Тхьэм игъэпсауэ, игъэувауэ, мыкӀуэдыжын лъабжьэхэр зиӀэм пэплъэу щытащ.
11
Сарэ сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи.
12
ЛӀэн гъунэгъу хъуа пэтми, а лӀы закъуэм быну къытехъукӀар уафэм ит вагъуэхэм я бжыгъэм хуэдизу куэд хъуащ, хы Ӏуфэм Ӏулъ умыбжыфыну пшахъуэми хуэдизу бэгъуащ.
13
Мы цӀыху псори фӀэщхъуныгъэ яӀэу лӀащ. Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ягъуэтакъым, ауэ жыжьэу ахэр ялъагъури щыгуфӀыкӀащ. «Мы дунейм хамэу икӀи хэхэсу дытетщ», жаӀащ абыхэм.
14
Апхуэдэу жызыӀэхэм я къэрал пэжым зэрылъыхъуэр къагъэнахуэ.
15
Я гум илъу щытар къэралу зэрыкӀыжар аратэмэ, ягъэзэжыну Ӏэмал яӀэнт.
16
Ауэ къэрал нэхъыфӀ гуэрым щӀэхъуэпсу щытащ – ар уафэм щыӀэ къэралыр аращ. Аращи, езыхэм я ТхьэкӀэ щеджэкӀэ, Тхьэм емыкӀу ищӀыркъым, Тхьэм абыхэм къалэ яхуигъэпсащи.
17
Тхьэм Ибрэхьим и щыпкъагъэр щигъэунэхум, Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьащ.
18
«Исхьэкъ къытехъукӀыну цӀыхухэр арщ уэ уи бын пэжкӀэ зэджэнухэр», жиӀэу Тхьэм Ибрэхьим къигъэгугъа пэтми, Ибрэхьим и къуэ закъуэр къурмэныпхъэ ищӀыну хьэзыру щытащ.
19
Тхьэм Исхьэкъ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжын зэрылъэкӀынум Ибрэхьим щыгугъыу щытащ, Исхьэкъ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ Ибрэхьим зэригъуэтыжари жыпӀэ хъунущ.
20
Исхьэкъ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ къэкӀуэну зэманым Екъубрэ Эсаурэ къазэрыщыхуэнур яжриӀащ.
21
Екъуби фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, лӀэн щыхъум, Исуф и къуэхэм ящыщ дэтхэнэми Тхьэм и нэфӀ къызэрыщыхуэнур жриӀащ икӀи и башым зытригъащӀэурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.
22
Исуф фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, и лӀэгъуэр къыщысым, израил цӀыхухэр Мысырым къызэрикӀыжынум и гугъу ищӀащ икӀи и хьэдэ къупщхьэхэр здыщӀалъхьэжын хуеймкӀэ усят къищӀащ.
23
Мусэ бегъымбарым и адэ-анэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Мусэ къыщалъхум, мазищкӀэ ягъэпщкӀуащ, сабийр зэрыдахэр ялъэгъуат, пащтыхьым и унафэми щышынатэкъыми.
24
Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, ин щыхъум, Фирхьэуным и пхъурылъхукӀэ къеджэу идэртэкъым.
25
Гуэныхь щӀэнымкӀэ зы зэман кӀэщӀкӀэ зигъэтхъэжыным нэхърэ, Тхьэм и цӀыхухэм гугъуехь ядишэчыныр нэхъ къищтащ.
26
Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.
27
ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикӀыжащ. ЦӀыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ.
28
Мусэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, израил цӀыхухэм ӀутӀыж махуэшхуэр япэ дыдэ яригъэгъэлъэпӀащ, я бжэхэми лъы траутхэну унафэ яхуищӀащ, я щыпэлъхухэр зыгъэкӀуэд мелыӀычым имыгъэкӀуэдын щхьэкӀэ.
29
Израил цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, щӀы гъущэм зэрыщызекӀуам хуэдэу, Хы Плъыжьым зэпрыкӀащ, ауэ мысыр цӀыхухэр хым зэпрыкӀыну щыхуежьэм, псори итхьэлащ.
30
Израил цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Ерихон къалэр махуиблкӀэ хъурейуэ къакӀухьа нэужь, къалэм и блыныр къызэтещэщащ.
31
Рахав псэжьым фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм ядэкӀуэдакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бий тӀасхъэщӀэххэр и гуапэу иригъэблэгъащ (икӀи нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ къалэм ахэр дишыжащ).
32
Иджыри сыт жысӀэнур? Гидеон, Барак, Шимшон, Ифтэх, Даут, Самуел сымэ, адрей бегъымбархэми я хъыбарыр къыжысӀэну зэманыр срикъунукъым.
33
Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, нэгъуэщӀ пащтыхьыгъуэхэм ятекӀуащ, захуагъэр ягъэпсащ, Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэри яӀэ хъуащ. Аслъэнхэм я жьэхэр ягъэбыдащ,
34
мафӀэшхуэхэри ягъэункӀыфӀащ, джатэхэм къаӀэщӀэкӀыжащ. ГуащӀэмащӀэу щытами, къару яӀэ хъуащ. ЗэуэнкӀэ лъэкӀыныгъэ яӀэ хъуащ, хамэхэм я дзэхэр ирахужащ.
35
Фызхэм я лӀахэр къэхъужауэ ягъуэтыжащ. Тхьэм къыщигъэтэджыжкӀэ, нэхъ гъащӀэфӀ ягъуэтын щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэр (Тхьэр ягъэпцӀыну зэрамыдам щхьэкӀэ) я бийхэм щхьэхуиту къаутӀыпщыжакъым. Абыхэм гугъуехь ирагъэшэчурэ, ягъэлӀащ.
36
ЦӀыхухэм абыхэм ящыщхэр ягъэикӀэурэ икӀи щӀопщкӀэ еуэурэ, гугъуехь ирагъэшэчащ, итӀанэ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, лъэхъуэщым щӀадзащ.
37
ЦӀыхухэм нэгъуэщӀ гуэрхэри мывэкӀэ еуэурэ яукӀащ, зыгуэрхэри пхъэм хуэдэу зэпахащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри джатэкӀэ яукӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухэм мэлыфэрэ бжэныфэрэ ящыгъыу къакӀухьу, щыщӀагъэ яӀэу, гузэвэгъуэ хэту, цӀыхухэм хьэкӀэкхъуэкӀагъэ къращӀэу щытащ.
38
Абыхэм я фӀыгъуэр дунейм хуэфащэу щытакъым. Губгъуэ нэщӀхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ къыщакӀухьу, бгъуэнщӀагъхэмрэ аузхэмрэ щыпсэууэ щытащ.
39
Ауэ абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀам щхьэкӀэ, Тхьэр щыхьэтыфӀ а псоми къахуэхъуа пэтми, Тхьэм и цӀыхухэр къызэригъэгугъауэ щыта Ӏуэхухэр иджыри ягъуэтакъым.
40
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и гум илъу щытар дэркӀэ нэхъыфӀщ – ахэр дэ ди мыгъусэмэ, я щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, езым дежкӀэ цӀыху нэгъэса зэрымыхъунуращ.
← Chapter 10
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 12 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13