bible
ra
🌐 Language
English
Español
Français
Deutsch
Português
Italiano
Nederlands
Русский
中文
日本語
한국어
العربية
Türkçe
Tiếng Việt
ไทย
Indonesia
All Languages
Home
/
Kabardian
/
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
/
Hebrews 5
Hebrews 5
Kabardian 1993 (ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр)
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 6 →
1
ЦӀыхухэм я пӀэкӀэ езым хуэлэжьэну, тыгъэхэри езым хуихьыну, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, тыхь хуищӀыну, Тхьэм дэтхэнэ дин пашэшхуэри цӀыхухэм къахех.
2
Дин пашэшхуэр гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ зимыӀэ цӀыхуу зэрыщытым щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу гъуэща цӀыхухэм гущабагъэкӀэ ядэгъуэгурыкӀуэн лъокӀ.
3
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дин пашэшхуэм езым и гуэныхьхэри цӀыхухэм я гуэныхьхэри ипшыныжын щхьэкӀэ, Тхьэм къурмэн хуищӀын хуейщ.
4
Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьыр зыми зыхуигъэфэщэжьыфынукъым. ЦӀыхур дин пашэшхуэ хъуну Тхьэм къыхуриджэн хуейщ, абы Хьэрун къызэрыриджам хуэдэу.
5
Дин пашэшхуэ хъунымкӀэ щӀыхьышхуэр Мэссихь езым зыхуигъэфэщакъым, ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ».
6
Тхьэм ар къызэрыжиӀар и псалъэ тхахэм хэту, зыщӀыпӀэ деж итщ: «Мелхиседек хуэдэу, уэри дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».
7
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.
8
Езыр Тхьэм и Къуэми, ишэча гугъуехьхэмкӀэ Тхьэр зэрыхуейм тету едаӀуэу щытащ.
9
И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,
10
Тхьэми ар дин пашэшхуэу, Мелхиседек хуэдэу, игъэуващ.
11
Мы Ӏуэхум теухуауэ къыжытӀэн хуеяр куэд мэхъу. Ауэ фитхьэкӀумэ жьажьэщи, а Ӏуэхухэр зэхывэзгъэщӀыкӀыныр гугъущ.
12
БлэкӀа зэманым фыщеплъкӀэ, мы зэманым фэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр евгъэщӀэн хуеящ, ауэ Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр зыгуэрым фигъэщӀэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткӀугъуейкъым, атӀэ быдзышэщ.
13
Шэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ емыфэр ар сабий къудейщ. Абы щыпкъагъэм и Ӏуэхур зэхищӀыкӀыркъым.
14
Шхыныгъуэр – зи ныбжь нэсахэм щхьэкӀэщ. Абыхэм фӀымрэ емрэ ягукӀэ зэхагъэкӀыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ.
← Chapter 4
Jump to:
Chapter 1
Chapter 2
Chapter 3
Chapter 4
Chapter 5
Chapter 6
Chapter 7
Chapter 8
Chapter 9
Chapter 10
Chapter 11
Chapter 12
Chapter 13
Chapter 6 →
All chapters:
1
2
3
4
5
6
7
8
9
10
11
12
13